ШУ ЛЪАГЪУЭРИ ГЪУЩI ГЪУЭГУРИ

УФ-м и Къэрал Думэм иджыблагъэ урысыбзэм теухуауэ хабзэщIэ къищтащ. ДяпэкIэ хамэбзэм къыхэкIа терминхэу урысыбзэм мыхьэнэгъу щызиIэхэр къагъэщхьэпэу ядэжынукъым.

КIэщIу жыпIэмэ, хамэбзэм къыхэкIауэ урысыбзэм къищта псалъэхэр ягъэмэщIэну аращ. Мы хабзэм и япэ къеджэгъуэр 2022 гъэм и дыгъэгъазэм екIуэкIащ. Абы епха дэфтэрым Iуэхум и щхьэусыгъуэри къыщаIэтащ: «Урысыбзэр зэрыкъэралыбзэр хабзэкIэ пхыгъэкIын мурадкIэ». Ещанэ къеджэгъуэр зэфIэкIыу хабзэр къащта иужь, къэралыгъуэм и дэтхэнэ Iуэху зехьэпIэми къыщагъэсэбэпыпхъэ фIэщыгъэхэр псалъалъэхэм иратхэнурэ зэбграгъэкIынущ.

Гу лъытапхъэщ «соцсеть» жыхуаIэ хъыбар зэIэпыхыпIэхэм тхыбзэм къемызэгъ псалъэ куэд, «емыкIу» жыхуаIэм хиубыдэу, зэрыщызекIуэр. А Iуэхуми унафэ ткIий тращIыхьыну унафэ ищIащ Президентым.

Адыгэбзэми куэдкIэ хуэщхьэпэнут егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, псом хуэмыдэу - политикэм къыщыдгъэщхьэпэ терминхэм дыхэплъэжыну. Псалъэм и хьэтыркIэ, «IуэхущIапIэ», «щIыналъэ», «зэхуэс», «зэIущIэ» псалъэхэм къедгъэубыд мыхьэнэхэр нэхъ нэгъэсауэ тхузэтехынут, дызытепсэлъыхьыр IупщI хъун хуэдэу. Дэ IэмалыфI диIэщ мыхьэнэ щхьэхуэхэр ди къуэш республикэхэм, Адыгеймрэ КъШР-мрэ къызэрыщагъэсэбэпым етлъытыну. Ди жагъуэ зэрыхъущи, бзэм и Iуэхур журналист жэрдэмкIэ зэфIэкIыркъым. ЩIэныгъэлIхэм дызэхахын папщIэ, политикхэм зыкъытщIагъэкъуапхъэщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.