ТхузэфIэмыкIын къытпэщылъкъым

КIуэкIуэ Казбек Шэджэм щIыналъэм и унафэщIхэм яхуэзащ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ щIыпIэ самоуправленэм, муниципальнэ IуэхущIапIэхэм, цIыхубэм я лIыкIуэхэр. 

Республикэм и Iэтащхьэм щIыналъэм щыщхэм я   упщIэхэм гунэсу жэуап яритащ. КIуэкIуэ Казбек цIыхубэм фIыщIэ яхуи­щIащ зауэ Iуэху щхьэхуэм хэтхэм я хьэтыр ялъа­гъуу, дзэм ­хагъэхьахэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызы­щIагъэкъуам папщIэ. 
Шэджэм муниципальнэ щIыналъэм и унафэщI Борсэ Юрэ къэпсэлъащ, илъэсищым ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр къызэ­щIиубыдэжу. Лъэпкъ проектхэр ягъэзащIэкIэрэ, Шэджэм школыщIэ дащIыхьащ, мы илъэсым иджыри яухуэнущ цIыху 800 зыщIэхуэну еджапIэ. Сабий IыгъыпIэу 6 яутIыпщащ, къуажэ-хэм ЩэнхабзэмкIэ я унэхэр щызэрагъэпэщыжащ, Нартанрэ  Булунгурэ апхуэдэхэр щIэуэ дащIыхьащ. Узыншагъэр хъу­мэ­нымкIэ Iэна­тIэм зыщIэгъэкъуэнымкIэ программэм ипкъ иткIэ, Хьэ­цIыкIу А. и цIэр зезыхьэ Шэджэм сымаджэщым епха поликлиникэр зыхуей хуагъэзащ, машини иратащ. Звёздный жыла­гъуэм амбулаторэщIэ щаухуэнущ. Дызэрыт илъэсым я мурадщ къуажэ къэс спорт IуэхущIапIэхэр щрагъэфIэкIуэну. 
Гъуэгу ухуэныгъэм и IуэхукIэ 2023 гъэм зи ужь ихьахэм язщ Шэджэм ЕтIуанэ - Булунгу гъуэгур. Фигу къэдгъэкIыжынщи, а проектым арэзы техъуауэ щытащ 2022 гъэм и мэкъуауэгъуэм КIуэкIуэ Казбек Путин Владимир щыIущIам щыгъуэ. Илъэсищым и кIуэцIкIэ гъуэгум щыщу километри 110-рэ зэрагъэ­пэщыжакIэщ. Зыхуей хуагъэзэжащ Шэджэм псыежэхым телъ лъэмыжымрэ щIыщIагъ зэпрыкIыпIэмрэ. 
Нэхъ пасэу КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин дыдэу итыну къалъытэ, илъэс хъурейм пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ щагъэкIыфыну хадэ щIэхъумахэр. Абы и япэ Iыхьэр гъэмахуэм яутIыпщынущ. Зэ­рыщыту лэжьэн щыщIидзэнур 2024 гъэрщ. А IуэхущIапIэм лэ­жьапIэщIэу мини 2-м нэс къыщызэIуахыфынущ, езыр республикэм и мылъкум хилъхьэну налогхэмкIи щхьэпэнущ. 
Шэджэм абджхэкIхэр къыщыщIагъэкI заводыр зэрагъэ­пэщыжауэ, щIыналъэ куэдым кумбыгъэхэр яхурегъашэ. Джэ­дыл къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэщIэ яутIыпщащ. Жыджэру ­зеужь Iэщ гъэхъупIэхэм, хадэхэкI гъэтIылъыпIэхэм, гъэфIэIупхъэхэм елэжь промышленностым. «Шэджэм муниципальнэ щIыналъэм илъэсищым и кIуэцIкIэ къыхуаутIыпща мылъкум процент 47-кIэ хэхъуащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ - сом мелуан 487-кIэ. 2022 гъэм бюджетым къыхэхъуар сом мелардрэ ныкъуэм щIигъуащ, 2019 гъэм ар сом мелардым мащIэу щIигъуу арат. АпщIондэху езы щIыналъэм и хэхъуэр сом мелуани 100-кIэ   нэхъыбэ хъури, 2022 гъэм и кIэм ар сом мелуан 534-м нэсащ», - жиIащ Борсэ Юрэ. 
 ПсэупIэ-коммунальнэ къудамэми лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Шэджэм щIыналъэм щыщу лъапсэ 370-м газ ирашэлIащ. «Псы къабзэ» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ, щIыналъэм и мылъкум къыхэкIыу жьы хъуа псы зекIуапIэ бжьамийхэр  яхъуэжащ. Лашынкъейрэ Нартанрэ псыр зэрызэбграгъэкI ухуэныгъэхэр щIын щыщIадзащ. 
 ЗэIущIэм и кIэм КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм захуигъэ-защ: «Дызытепсэлъыхьа псори тхуэщIэну защIэщ. Тхузэ­фIэ­мыкIын Iуэху къытпэщылъкъым. ФIы дыдэу къызгуроIуэ фи ­гукъеуэхэр. Лъэпощхьэпо нэхъыбэ здэщыIэхэмкIэ къыщIэд­дзауэ аращ, ауэ Шэджэм щIыналъэм щыщ адрей къуажэхэми дынэсынущ. Псалъэм папщIэ, иджыпсту иужь дитщ автобус ­зэгъэпэщахэр Налшык - Нартан - Шэджэм гъуэгум тедгъэувэныр къэрал унафэкIэ зэрыпхыдгъэкIыным. Мыбдежым ­гъуэгуанэшхуэ щыдэмылъкIэ, цIыхухэр Налшык нэхъ тыншу кIуэнущ абы и фIыгъэкIэ. Дызэкъуэтмэ, ди Президентым ­къытхуищI унафэ псори тхуэгъэзэщIэнущ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр - тщIэр къыддэфIыгъынырщ. Сыт нэхъри нэхъ лъапIэщ лъэпкъ куэду зэхэт Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэр. Хабзэ яхэлъу, ныбжьэгъугъэ, гъунэгъу жыхуаIэр зищIысыр ящIэу, лэжьыгъэми къыпимыкIуэту». 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.