КупщIафIэу зэфIах

«Къалэм и теплъэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектымрэ  «ПсэупIэмрэ къалэмрэ» лъэпкъ проектымрэ хиубыдэу Дыгулыбгъуей къуажэм зыхуей щыхуагъэзащ Бахъсэнымрэ ЦIагъуэмрэ я уэрамхэр.

2023 - 2024 гъэхэм хиубыдэу Куба къуажэм псы къы­щIэ­шыпIэщIэ щаухуэнущ. «Псы къабзэ» программэм хиубыдэу ­Къулъкъужын Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ щызэрагъэпэщыжынущ псы зэфэнур зрикIуэ бжьамийхэр.
Ислъэмей дэт курыт еджапIэ №2-м «Демография» лъэпкъ проектым хиубыдэу къыщызэIуахащ къудамэ куэд хъу джэгупIэ, сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплекс хэту. 
Къулъкъужын Ипщэм дэт курыт еджапIэ №2-м щаухуащ  ГТО-м и мардэхэр гъэзэщIэным хуэгъэпса утыку. Ахэр тре­нажёрхэмкIэ, гимнастикэ хуэIухуэщIэхэмкIэ къызэгъэпэщащ.
Ухуэныгъэхэм щыпащэнущ Кыщпэк, Зеикъуэ къуажэхэми.
Псыхъурей щаухуа спортзалым щIэтщ стIолыщхьэ тенни­сымкIэ джэгупIэ, тренажёр зэмылIэужьыгъуэхэр. 

Шэрэдж  Дисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.