Гуращэ зиIэр жыжьэ кIуэфынущ

КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и щIалэгъуалэр иджыблагъэ хыхьащ мы махуэхэм хэгъэгум щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэ дахэм – «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» и щIыналъэ къудамэр къы­щызэIуахащ. ЕджапIэм щIэс щIалэ­гъуалэм Урысей щIэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу къыхалъхьа жэрдэмыр Iэтауэ ягъэ­мэ­хуэщIащ, зэIущIэ хъарзыни иращIэкIащ.

Зэхыхьэм кърихьэлIащ университетым и ректор Апажэ Аслъэн, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Асыкинэ Татьянэ, Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я «Пэ­рытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн, егъэджакIуэхэр, студентхэмрэ аспирантхэмрэ, студент зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
Мы махуэхэм къэрал псом щекIуэкI урысейпсо марафоным ипкъ иткIэ, Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэхэм зыхуагъэувыж къалэнхэр щIыпIэхэм щызыгъэзэщIэну Iуэхузегъэ­кIуа­пIэхэр къыщызэIуах. КъызэралъытэмкIэ, дэтхэнэ зыми пыухыкIауэ и IэнатIэм епха лэжьыгъэ иригъэкIуэкIынущ, абы пыщIа пэхуэщIэхэр (проектхэр) зэрызэхилъхьэным, ахэр гъащIэм зэрыхипщэным хущIэкъунущ. ЗэIу­щIэр гуапэу ежьащ, адыгэ фащэр къы­зыщылыдыкI ныбжьыщIитIым я ислъэмейм укъызэщIиIэтэрт, екIуэкI Iуэхугъуэм фIыкIэ зэрыщыгугъыр кърагъэлъагъуэу, мыхьэнэр зэрыратыр къыхэщу. Лъэпкъ макъамэ дахэкIэ ирагъэжьа Iуэхугъуэм фIэхъус псалъэкIэ пищащ Апажэ Аслъэн. Абы зэрыжиIамкIэ, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» куэдкIэ узыщегъэгугъ, зыщищIыж къалэнхэр гъащIэм хэпща хъумэ, егъэджэныгъэ IэнатIэми, щIэныгъэ лэжьыгъэми, гъэсэныгъэ Iуэхугъуэхэми фIы Iэджэ къызэрырикIуэнум шэч къытрыуигъэхьэркъым.
- Гугъэр гъащIэм щыщщ, жаIэ. Аращ ипэкIэ узыгъэкIуатэр, гуращэхэм утезыгъэлажьэр, хъуэпсапIэхэм уакIэлъэщIэзыгъэхьэр. Ди щIалэгъуалэр жэрдэмщIакIуэщ. Абыхэм я дуней лъагъукIэр иджырей дунейм къригъэкI пшыналъэм и щIэжьыуэу фIэкIа пщIэнукъым – технологием и щэхухэм фIыуэ щыгъуазэщ, бжыгъэр тегъэщIапIэ зыщI щIэныгъэм мыбзаджэу хащIыкI. Я акъылыр етауэ щIэныгъэм ерыщу хэт щIалэгъуалэм узыпэмыплъа гъэ­щIэгъуэн куэд къехутэ, дунейм къытрегъэхьэ. НапIэдэхьеигъуэкIэ зызыхъуэж дунейм а къэхутэныгъэхэр зэрыхуэлэжьэнур пщIэнукъым, апхуэдизкIэ я щIэщыгъуагърэ мы­хьэ­нэкIэ зэрыиным гу зылъыуегъатэри. «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэхэр хуейщ апхуэдэ жэрдэмхэр, пэхуэщIэхэр, къэхутэныгъэхэр зэригъэуIуну, зым и щыщIэныгъэр адрейм зэригъэзэхуэжу, зым гу зылъитам адрейр щигъэгъуазэу гукъэкIыр нэщIыса ищIыну, жылагъуэ мыхьэнэ иритыну. НыбжьыщIэхэр зиужь ит Iуэхугъуэхэр къэралым и нэIэ зэрыщIэтыр, гулъытэ хэха зэрахуищIыр хыболъагъуэ егъэ­джэныгъэ IэнатIэм зэ щхьэкIэ хуэмыгъэкъаруу­­ну жэрдэмхэмкIэ ар щIэгъэкъуэн хъуну зэ­ры­хуэхьэзырым. Ди еджапIэм щIэс ныб­жьы­щIэхэм щIэныгъэми еджэныгъэми зэфIэкIыфI щагъэлъагъуэ, Iэджэ гукъэкIи яIэщ, дунейпсо икIи урысейпсо утыкухэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ. Зэгухьэныгъэм и гъуэгум теувэмэ, я гуращэхэр унэтIа хъуну, гъуэгу ягъуэ­тыну къысщохъу. Зыщывмыгъэгъупщэ - гуращэ зиIэхэращ жыжьэ кIуэфынур. Зэгу­хьэныгъэм и щIыналъэ къудамэр гъуэгу махуэ теувэну си гуапэщ», – жиIащ Апажэ Аслъэн.
Шыпш Аслъэн къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр мэкъумэш Iуэхугъуэхэм нэхъ епхауэ зэрыщытыр, абы и зыужьыныгъэм хэгъэгум и щыIэныгъэр зэрепхар. «Мы еджапIэм щIэс щIалэгъуалэм къыхаха IэщIагъэр цIыхур нэхъ зыхуэныкъуэ, абы и псэуныгъэр лъэны­къуэ куэдкIэ зэпха IэнатIэщ. Махуэ къэс жыхуа­Iэм хуэдэу, мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ зы щIэщыгъуэ гуэр къэзыхутэ щIалэгъуалэм я хъыбар къоIу, ар щIэныгъэ дунейм хьэлэмэт къазэрыщыщыхъум епха псалъэмакъ гуа­пэхэр къытлъоIэс. ЩIэныгъэ IэнатIэм къы­щы­хэжаныкIахэм я лэжьыгъэр щIыналъэм и жылагъуэ-экономикэ псэукIэр езыгъэфIакIуэ за­щIэщ, къакIэлъыкIуэну ныбжьыщIэхэм унэ­тIакIуэ нэс зэрахуэхъунуми шэч хэлъкъым. Апхуэдиз гукъэкIрэ жэрдэмрэ зиIэ щIалэ­гъуалэр псоми ди зэхуэдэ къалэнхэмрэ мурадхэмрэ телэжьэну зэрызэкъуэувэр, ди зэгу­хьэ­ныгъэм къыхыхьэну гупыж зэращIар къы­зэ­рымыкIуэу гуапэщ. Аращ «Пэрытхэм я зэ­щIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэр зы­­телэжьэнур, аращ абы и щIыналъэ къудамэ­хэри зыхущIэкъунур», – жиIащ Шыпш Аслъэн.
- ГъащIэм и пIалъэ зыщIэ, дыщыпсэу щIыналъэм и щхьэхуэныгъэхэм фIы дыдэу щы­гъуазэ щIалэгъуалэ гупщ ди зэщIэхъееныгъэм къыхыхьэр. Абы гушхуэныгъэ къытхелъ­хьэ, ди мурадхэр къызэрыддэхъунуми шэч къы­тедмы­хьэжу дещI. Ди лъэныкъуэкIэ къы­­хэфлъхьэ жэрдэмхэмрэ пэхуэщIэхэмкIэ щIэгъэкъуэн дыхъунущ. IитIыр зэрыщIэмэ, зэротхьэщI, жаIэ. Абы хуэдэу, лъэныкъуитIыр дызэкъуэувэмэ, зы гуращэм ерыщу дытелажьэмэ, дунейр къытхуэхьэхунущ. ФефIэкIуэну си гуа­пэщ, – жиIащ Асыкинэ Татьянэ.
ЗэIущIэр IыхитIу зэхэтащ: къэпсэлъэныгъэрэ гъэлъэгъуэныгъэу. Зэхуэсым къеблэгъа хьэщIэхэм я къэпсэлъэныгъэхэр зэфIэкIа нэужь, мэкъумэш университетым щеджэхэм я зэ­фIэкIхэр утыку къыщащI, зи ужь ит пэ­хуэщIэхэр щагъэлъагъуэ лэжьыгъэ унэтIыныгъийкIэ екIуэкIащ: еджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, IэщIагъэмрэ технологиемкIэ, волонтёр лэжьыгъэмкIэ, тхыдэ щIэжымрэ хэкупсэ лэжьыгъэмкIэ, дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ щIыуэпсыр хъумэнымкIэ, туризмэмрэ зып­лъыхьакIуэмкIэ, спортымрэ Iэпкълъэпкъым зезыгъэужь щэнхабзэмкIэ, лэжьыгъэмрэ IэщIагъэмкIэ.
Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэр 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 18 - 20-хэм Мэзкуу щекIуэкIа Урысейпсо щIалэгъуалэ зэхуэсым къыщызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы щыгъуэ зэщIэхъееныгъэр зытелэжьэну унэтIыныгъэ 12-рэ лъапIэныгъэ 11-рэ яубзыхуауэ щытащ. Абыхэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, «ФIымрэ захуагъэмрэ», «Унагъуэ лъэщ», «Псэкупсэ гъэ­сэныгъэ», «ГъащIэмрэ цIыхум и пщIэмрэ» жыхуиIэхэр. Зэхуэсым хэтхэм нэхъыщхьэу къалъыта Iуэхугъэхэм ящыщщ «ЦIыхуу щытын», «Сыт щыгъуи зэкъуэтын», «ИпэкIэ кIуэн», «Япэ и­тын» жэрдэмхэр.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.