Танэ и сын

Иджыри мэкъу сеуэфтэкъым, а Iуащ­хьэм «Танэ и сын» щIыфIащам щIэупщIэн щыщIэздзам. Хуа­гъэфащэ фIэкIа, нэхъыжьи нэ­хъыщIи, пэжыр зыщIэ зикI сыхуэзэртэкъым. Уеблэмэ, мо­дэ зауэм щы­гъуэ, нэмыцэхэр мы­быкIэ щыщхьэд­ахужым, дыдей­хэм яхэта ТанякIэ зэджэ зы хъы­джэбз къаукIати, сын хуагъэувыжри, «Таня и сынкIэ» еджэ хъуащ­ жызыIэ сахуэзаи, пцIы зэ­фэ­зэщу къызэрыщIидзыжынур ямы­щIэу. 
Ауэрэ екIуэкIыурэ, зы гъэ гуэрым къуажэ мэлхэр игъэхъуу, Ураукъуэ­кIэ зэджэр уэтэрыпIэ зыщIа ныбжьэгъужь, къэмылэнджэжу губгъуэлI Борэнхэ Ахьед моуэ пшапэ зэхэуэгъуэм къысхуеIуэху, и пщыIэм а пщыхьэщхьэ дыдэм къыщызэрызэжьэнур. 
IуэхукIэ къысхуей хъунщ гупсысэм «лIыр здашэ щIэупщIэркъым», пса­лъафэр щIызгъужри, пIалъэ къыхэзмыгъэкIыу, илъагъур иIуэтэжын хуэдэу зы щIалэжь гъусэ сщIыри, гъуэ­гу дытехьащ.
ЕгъэзыпIэм гъунэгъу дыщыхуэхъум, мэлыхъуэхьэхэр зэщIэбанэу къы­зэрехьэжьащ. ЗимыIэжьэу къыт­пежьа щIалэщIэм «Мамыхъу, Лъэ­хъупай, фыкIуи фытIыс!» зэражиIэу, я кIэхэр ягъэкIэрахъуэри зэтесабыращ. 
«ФIэхъус апщий!» сэламымкIэ къытпежьа щIалэм шы IумпIэмрэ лъэрыгъымрэ иубыдри дригъэпсыхащ. ШхуэмылакIэхэр пхъэлъантхъуэм зэрыфIидзэу, жьэгумкIэ щыдигъэунэтIым «мыр хэгъэрей хуэмыхущ, хьэр къыуегъэдзакъэ» зыхужаIэм зэрыхуэмыдэр сэр-сэру зэзгъэзэхуащ.
Ахьед жьэгум пэрысти, «ма­фIэхъу апщийр!» щесхым, «Уэ, фи къакIуэ фIы ирикIуи, апщий!» псалъэр гуапэу къытпидзыжащ. ДызрихьэлIар си гугъэм щыщыIэтэкъым, щынэлыр вэн щрикъум, лъахъшым фIэдза лэгъупыр драгъэкIуэтеят, мыупщIыIужын щхьэкIэ.
«ЦIыхуфI и тIысыпIэ хьэзырщ» жиIэу дигъэтIыса иужькIэ, «мышхэ нэгуфIэрэ мыфI щытхъухьрэ щыIэкъым, япэщIыкIэ девгъэдзакъэ», - дыщIигъужаш, гушыIэурэ…
«БисмылэхьикIэ» щIэддзэу, «Шыкур, альхьэмдулилэхькIэ» дыухыху сыщIриджар жиIакъым.
«Уэлэхьи, укъыщIезджар мыратэм. Уэ адыгэ хасэхэм ухэтщ, ди хъыбарыжьхэми щыгъуазэ зыбощI. Мы щIымахуэ кIуам къалащхьэ сымаджэщым сыщIэлът, пэшым цIыху зытIущ дыщызэрихьэлIэжауэ. 
Тщыщ гуэрым щIэупщIэну, нанэ угъурлы, и IэблитIыр цIыхуитIым хуэсакъыпэурэ яIыгъыу, ныщIашэ. Щыгъуазэ сызэращIамкIэ, илъэс 90-м щIигъуат нанэ Iущыфэ зытетыр. КъыщIэкIуа сымаджэм щIэупщIа иужь, сэ сыхэтми къыщызэупщIым, сызэрыкъулъкъужыным щыгъуа­зэ щыхъум, «а-а-а, сыту фIыт сы­зэрыпхуэзар, ар си дэлъхур (и адэм и адэм и адэжым и къуэшщ зи гугъу ищIыр) зыщIэлъ къуажэраи!» - къысщогуфIыкI нанэр. Аращ Танэ и сыным ­теухуа хъыбарыр къыс­хуэзыIуэтэжар:
- Псыхуаби Нартсани я Iэгъуэблагъэм щыпсэуа адыгэ ­къуажэхэр ­джаур­­х­эм­­ зэтрау­кIа, зэтрагъэсхьа иужь, Ермол и ­къуэжь жыхуаIэр я дзэпщу Балъкъ­ Iуфэ ­къакIуэри щитIысыкIат, къы­зэпрыкIыу лъапсэ кIуэ­дыр къыт­хуагъэкIуэн мурадыр яIэу. 
Къэрэгъэш щыщ Танэ Къанщобий ныбжьэгъукIэ, къуэшкIэ, IыхьлыкIэ щабэ-щэху, Iэдэб-лъэдэб щхьэкIэ, и бийхэм дежкIэ гуихт, езыри гуейти, щхьэкIуэмышэчт. Хэкум и хуитыныгъэм, и щIыхьым щхьэкIэ, и псэр итыныр фIэмащIэт.
Къанщобий шу тIощIырыпщI нэхъ мыхъуурэ къызэригъэпэщурэ яте­уэрт,­ адыгэ зэуэкIэжьхэри къигъэ­сэ­бэпырт: шу кIапсэ лъэрышэри, жэщтеуэри, уащхъуэдэмыщхъуэри, нэгъуэщIхэри.
Я топ щхъуантIэжьхэр къытрагъэпсэну къыщраIуэнтIэкIкIэ, утыку зэдихьахэр гъуэбжэгъуэщым хуэдэу бзэхыжырт. «Маржэ!» - жиIэу, язы­хэз гуоуамэ, аслъэн-къаплъэн губ­жьа­хэм хуэдэу яхэлъадэрт, бийр зэтраIущIэу…
Ауэ, плъагъурэ, джаурхэм зы яхэщIмэ, абы и пIэ пщIы къиувэрт. Дауэ хъуами, топ щхъуантIэжьхэр ямы­Iамэ, зыгуэр яхуещIэнут. 
Псэ зиIэм, уахъты иIэщ. Зэгуэрым, и гъусэхэм япэ ищыIуауэ здэзауэм, уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. И гъусэхэм щалъагъум, джаурхэм IэщIамыгъэхьэу, зэуапIэм къыIукIыжахэщ. 
Къулъкъужын къуажапщэ бжьэ­пэм, дыгъапIэ лъэныкъуэмкIэ къэ­сыжауэ, Танэ Къанщобий лIы­ хахуэм и хэку щIыхьыр иIэтауэ, адыгэ напэр ихъумэжауэ, и псэр хэкIащ.
Мыбдежым, гъуэгущхьиблыр щы­зэхэкIым, Iуащхьэшхуи хуащIыжащ. Сыни хутрагъэувэжат. Гъэхэр екIуэкIыурэ сыныр щIым хыхьэжащ. Ауэ лIыгъэщIапIэ лIыр икIуадэркъым. Езыр мыпсэужми, адыгэр дунейм тетыху ящымыгъупщэжыну, «Танэ и сынкIэ» а щIыпIэм еджэнущ. 
БАБЫГУ Сосрыкъуэ.  

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.