КЪЭРАЛПСО ЗЭПЕУЭМ ЩЫЕЩАНЭЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий ехъуэхъуащ Урысей чемпионатым ехъулIэныгъэ къыщызыхьа я лэжьакIуэхэм.
2023 гъэм щIышылэм и 24 - мазаем и 4-хэм Суздаль къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м Iэщэншэу зыхъумэжынымрэ самбэмкIэ и чемпионат.
Зэхьэзэхуэм хэтащ къэралым и щIыналъэ 50-м щIигъум щыщхэр - къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэр, апхуэдэуи ведомствэ еджапIэхэм я лIыкIуэхэу Урысейм спортымкIэ и мастеру, дунейпсо класс зиIэу 35-рэ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым командэ зэпеуэхэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ.
Полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий кубокымрэ дипломымрэ иритащ командэм и лIыкIуэ, гъэсакIуэ, КъБР-м щыIэ МВД-м и УРЛС-м IэщIагъэм хуэгъэхьэзырынымкIэ и IэнатIэм и унафэщI, полицэм и майор Къуэныкъуей Азэмэт; щхьэзакъуэ зэпеуэхэм етIуанэ увыпIэр къыщызыхьа, КъБР-м щыIэ МВД-м и УНК-м и «Гром» гуп хэхам и оперуполномоченнэ нэхъыщIэм дыжььын медалрэ щIыхь тхылърэ.
- Афэрым, пщIэ зиIэ апхуэдэ чемпионатым фызэрыхэтам икIи екIуу зыкъызэрыщывгъэлъэгъуам папщIэ. АдэкIи ехъулIэныгъэхэр фи лэжьыгъэ IэнатIэм, текIуэныгъэ екIухэр спорт зэхьэзэхуэхэм щывиIэну си гуапэщ, - къыхигъэщащ министрым.

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.