ЩЭХУУ ЛЭЖЬЫГЪЭШХУЭ ЗЫЩIЭХЭР

Музыкэ театрыр – илъэс 55-рэ!

КъБР-м и Музыкэ театрым и гугъу щащIкIэ, и лэжьакIуэ щхьэхуэхэм я цIэ фIыкIэ къыщраIуэкIэ щIыбагъымкIэ къыдэнэ и IэнатIэхэм ящыщ зыщ артистхэр утыку къызэрихьэ щыгъынхэр щад цехым и IэпщIэлъапщIэхэр. Цехым и унафэщI Iэджырэ Иннэ, дэрбзэрхэу Казанцевэ Иринэрэ КIэрэф Iэминэрэ гугъу зыдемыхьа зы щIыIуни IуэхущIапIэм щIэлъкъым жыпIэкIэ ущыуэнукъым.

- Уэрэд жаIэ къудейкъым дэ дызыхуэдэхэм, къофэхэр, я Iэр драхьей-кърахьэх, - жеIэ Iэджырэ Иннэ. - Дакъикъэ къэс я щыгъыныр зэрагъэзэхуэжу утыкум ит хъунукъым ахэр. Мис абы, жаIэ къудей мыхъуу, фIыуэ щыгъуазэт балет труппэм хэта Иринэ. Аращ пенсэм кIуэуэ цехыр лэжьыгъэ IэнатIэ зыхуэхъуа Казанцевэр щIэчэнджэщэгъуфIыр, икIи псалъэ лей хэмыту сыкъызыгурыIуэ лэжьакIуэ хъарзынэщ.

Театрыр апхуэдизымкIэ и псэм хэлъти, IукIыжу унэм щIэтIысхьэжыфынутэкъым Иринэ, ар и гъащIэм хэмытуи и нэгу къыхущIэгъэхьэртэкъым. Иджыпстуи театр зэхуэмыдэхэр зи кIуапIэ бзылъхугъэм ибзыщIыркъым сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу спектаклхэр щагъэув IуэхущIапIэ закъуэтIакъуэм Музыкэ театрыр зэращыщыр. «Москва сокIуэ сэ щIэх-щIэхыурэ. Абы щылажьэ театрхэм утыкум и теплъэми актерым и фащэми зрагъэлIэлIэжыркъым. Зы бохъшэшхуэ утыкум кърагъэувэу абы и къуагъым къыкъуэкIыурэ спектаклым и кIэм нэсыху ар ямыхъуэжу лэжьэфынущ. Дыдейр аракъым. КъызэрыгуэкI лэжьыгъэм щхьэкIэ дэ фэилъхьэгъуэ 60-м нэс дод, утыкум и теплъэращи, егугъупэу, щIэщыгъуэ хъун хуэдэу йолэжь», - дыщегъэгъуазэ Иринэ.

Нэхъыжьхэм я жыIэр тIу имыщIу абыхэм ядолажьэ КIэрэф Iэминэ. Зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI бзылъхугъэ цIыкIур ехъулIэныгъэ щымыщIэну ди гуапэщ.

Сурэтри тхыгъэри зейр ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.