Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щагъэлъэпIащ бынитху е нэхъыбэ зиIэ анэхэр. кърагъэблэгъахэм гуапэу захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
- ЩэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм ди къэралым щыдогъэлъапIэ Анэхэм я махуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху псоми сохъуэхъу а Iуэху дахэмкIэ. Анэ лъагъуныгъэм гъунэ иIэкъым, ар зэбгъэпщэн нэгъуэщI зы гурыщIи щыIэкъым. Абы дещI нэхъ Iущ, нэхъ лъэщ, гугъуехьхэм дапэлъэщуи депсыхь. Анэхэм быным халъхьэ я къаруи, узыншагъи, я псэм и хуабагъи. Анэхэм я махуэр IэмалыфIщ абыхэм къытхуащIэ псори зэрытфIэлъапIэр зыхедгъэщIэным, я лъагъуныгъэм дыпэджэжыным теухуауэ.
Псом хуэмыдэу фIыщIэ лей яхузощI мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэн гугъу дыдэхэр зи пщэм дэлъ, бын куэд зиIэ анэхэм. ЦIыхубэм абыхэм хуащI пщIэрэ щIыхьрэ. Къэралым гулъытэшхуэ ирет бын куэд зиIэ анэхэм икIи апхуэдэхэм ядэIэпыкъун папщIэ Iэмалу щыIэр къегъэсэбэп.
Урысейм и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ ягъэуващ «Анэ лIыхъужь» цIэ лъапIэр. Ар фIащ бынипщI е нэхъыбэ зыгъэсахэм. Къэралым къыбгъэдэкIыу абыхэм ират сом зы мелуан.
2023 гъэм и щIышылэм щегъэжьауэ сабийхэм папщIэ адэ-анэхэм ират ахъшэр къазэрыIэрыхьэну щIыкIэр нэхъ тынш, нэхъ зэIубз хъунущ.
Ди республикэм щефIэкIуащ бын куэд зиIэ унагъуэхэм зэрызыщIагъакъуэу щыIэ Iэмалхэр. Бын етхуанэ къызыхэхъуэ унагъуэхэм зэрыIыгъыу яIэрохьэ сом мин 250-рэ. Ар трагъэкIуэдэн хуейщ я псэупIэр ирагъэфIэкIуэным. Мы Iуэхур къызэрыхэтлъхьэрэ ахъшэр яIэрыхьащ бын куэд зиIэ унагъуэ 1513-м щIигъум, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
«Анэм и щIыхь» медалыр зыхуагъэфащэхэм теухуауэ жиIащ:
- Анэхэр нэхъри дгъэлъапIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу бын куэд зиIэхэм яхудогъэфащэ «Анэм и щIыхь» медалыр, ахъшэ саугъэт щIыгъуу. Бын къэс ялъос сом мин пщIырыпщI. Ауэ дэ дыхуейщ ар сом мин 30-м нэдгъэсыну икIи абы теухуа тхыгъэр КъБР-м и Парламентым едгъэхьащ.
Iэтащхьэм къыхигъэщащ республикэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ щагъуэт медицинэ, егъэджэныгъэ Iуэхутхьэбзэхэр илъэс къэс зэрефIакIуэр, унагъуэхэми ар щIэгъэкъуэнышхуэ зэрахуэхъур.
Абы жиIащ бын куэд зиIэ унагъуэхэм яхуэфащэ гулъытэ яхуэщIыныр дяпэкIи къэралым и нэIэ зэрыщIэтынур.
- Нобэ къедгъэблэгъащ унагъуэшхуэхэм я жьэгур зыгъэхуабэ, пщIэ яIэу цIыху зыгъасэ анэ лъапIэхэр. Абыхэм дэ я цIэ идоIуэ «Анэм и щIыхь» медалымкIэ.
КIуэкIуэ Казбек щхьэхуэу къыхигъэщащ Аушыджэр къуажэм щыщ анэ, бынипщI зыпI Хъромэ Альбинэ. Абы иратынущ автобус цIыкIу.(Хъромэхэ я унагъуэм теухуа тхыгъэм фыкъыщеджэ нобэрей ди къыдэкIыгъуэм и 4-нэ напэкIуэцIым).
- Анэхэм сащытепсэлъыхькIэ, я цIэ къисIуэну сыхуейщ лIыгъэ яхэлъу я щIалэхэр зыгъэса анэхэм, нобэ къэралым къыщхьэщыжхэм. Я къалэныр екIуу ирахьэкIауэ, узыншэу къагъэзэжыну Тхьэм жиIэ, - хъуэхъуащ Iэтащхьэр, икIи дыщIигъуащ:
- Фэ щапхъэкIэ фогъэлъагъуэ унагъуэ къалэныр зэрыгъэзэщIапхъэр, бын зэрыгъэсэн хуейр. Фи унагъуэхэм хуэдэхэрщ республикэм щызекIуэ хабзэ дахэхэм я щапхъэр.
Анэхэм къабгъэдэкIыу КъБР-м и Iэтащхьэм, къэралым и къулыкъущIэхэм фIыщIэ яхуищIащ Ахъмэт Мадинэ. Ар къеджащ анэхэм теухуауэ иуса сатырхэм.
ГУГЪУЭТ Заремэ.