IЭМЭПСЫМЭХЭМКIЭ КЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩ

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэ и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр Урысейм щынэхъыфIхэм ящыщ зыуэ къалъытащ.
Поликлиникэхэмрэ амбулаторэхэмрэ ухуэныгъэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэрыщрагъэкIуэкIым, автотранспорткIэ къызэрызэрагъэпэщым къищынэмыщIауэ, фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ IэмэпсымэхэмкIи ахэр яузэдын хуейщ.
Программэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ медицинэ IуэхущIапIэ зыбжанэм я мылъку-техникэ лъабжьэр къагъэщIэрэщIэжащ, мы зэманым къриубыдэу Iэмэпсымэ зэхуэмыдэу I37-рэ къащэхуащ.
Мы илъэсым къриубыдэу Налшык дэт поликлиникищым рентген аппаратхэр щагъэуващ. Поликлиникэ №2-м къыIэрыхьащ УЗИ Iэмэпсымэу тIурэ зы эндоскопие комплексрэ. Прохладнэ районым и къуажэ амбулаторэхэм электрокардиографу I6 хурагъэшащ.
Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэр щыхуащIэ IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын программэмкIэ 2025 гъэм и кIэ пщIондэ иджыри медицинэ Iэмэпсымэу 89-рэ къащэхуну я мурадщ.

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.