ЖЭПУЭГЪУЭ

Октябрь мазэр латин бжыгъэцIэм къытекIащ: «окто» – октябрь. Нэгумэ Шорэ а мазэм щхьэкIэ етх: «бжьыхьэкумазэ» - «осений средний месяц». Бжьыхьэку мазэм щхьэкIэ Созэрэщи, жэпуэгъуи жаIэ. 
Ди зэманым къагъэсэбэпыр жэпуэгъуэ псалъэращ. Сирием щыпсэу адыгэхэми, адыгейхэми жаIэр аращ. Мы фIэщыгъэцIэхэм гъэм и лъэхъэнэр нэхъыфIу къигъэлъагъуэу къалъытэ. ЖыпIэ хъунущ мы мазэр тхьэлъэIу мазэу. Апхуэдэу, зэрыжылэу къызэдаIэту, мыбы щыгъуэ ящIырт Созэрэщ и тхьэлъэIушхуэр. ТхьэлъэIур унагъуэ тхьэлъэIут. Созэрэщ и пщыхьэщхьэр щагъэлъапIэр бжьыхьэу гъавэр псори зэщIакъуэжа иужькIэт. СозэрэщкIэ адыгэхэр зэджэр хьэмкIутIей дакъэт, зэкIэщIэкIыкIауэ къудамибл тету. Созэрэщ и пхъэ дакъэр къащтэрти, къабзэу ятхьэщIырт. ИужькIэ унэм я нэхъыжьым къищтэрт, абы иужь джэгуакIуэр, пшынауэр, унагъуэм ис псори иувэрти уэрэд жаIэу, пшынэ еуэу бжэм бгъэдыхьэрт. Пхъэ дакъэр зыIыгъ тхьэмадэр бжэм и деж щызэтеувыIэрти жиIэрт: «Созэрэщ, мы бжэр тхуIух». Мыдрейхэри апхуэдэу лъаIуэрт. ИтIанэ бжэр зыгуэрым Iуихти, псори щIигъэхьэрт. Иджы унэм я нэхъыжьым Созэрэщ и пхъэ дакъэр утыкум иригъэувэрт, абы уэздыгъэшыхьхэр кIэрыгъэпщIамэ, пигъанэрт. Созэрэщ и пхъэ дакъэм тет къудамэхэм уэздыгъэшыхьу кIэрагъапщIэр елъытат а унагъуэм цIыху бжыгъэу исым. Уэздыгъэшыхьхэм инэмыщIауэ, Созэрэщ и пхъэ дакъэм и къудамэхэм кхъуей хьэбыкъуэ IэшкIэ ящIурэ кIэралъхьэрт. А псори зэфIэкIа иужькIэ унагъуэм ис псори Созэрэщ и пхъэ дакъэм еувэкIырти я щхьэхэр Созэрэщ хуагъэщхъырт. Пхъэ дакъэр къауджыхьырт, тхьэ елъэIут. ТхьэлъэIур зэфIэкIа иужькIэ псори зэхэтIысхьэжырти шхэрт. Мы тхьэлъэIум джэгукIэ, къафэ, гушыIэ хуэдэхэр, пыщIауэ щыттэкъым. Шэч хэмылъу, Созэрэщ тхьэлъэIум зэхъуэкIыныгъэ куэд игъуэтащ. 
Мы мазэм хеубыдэ тхьэшхуэгухьэж тхьэлъэIури. Ар щекIуэкIыр бжьыхьэ мазэу жэпуэгъуэм и пэ махуэхэрщ. Жылэм, уеблэмэ псыхъуэм къуажэу дэсыр зэпэмыжыжьащэмэ, псори зэхыхьэрэ тхьэлъэIушхуэ ящIыжу аращ, гъэм берычэту къахэхъуам щхьэкIэ Тхьэшхуэм фIыщIэ хуащIу. ТхьэлъэIур щекIуэкIыну тхьэм и губгъуэм цIыхур пщэдджыжь нэмэзым къекIуалIэрт. Нэгумэ Шорэ мыпхуэдэу етхыж: бжьыхьэм, гъавэр зэщIакъуа иужькIэ, япэрей махуэр ехьэжьауэ ягъэтхьэлъэIушхуэт. Япэ щIыкIэ Тхьэшхуэгухьэж зэращIым ехьэлIауэ хъуэхъу яIэт. Тхьэм елъэIуа иужькIэ ефэ-ешхэ къызэIуах, мэджэгу, я нэгу зрагъэужь. Тхьэшхуэгухьэжыр зэрекIуэкIыр зы махуэт, абы къыхэкIыу, къафэ, гушыIэхэр нэхъ мащIэт. 
Мы тхьэлъэIум къыгуэх имыIэу щыщ пкъыгъуэт шы гъэджэгухэмрэ шу зэпеуэхэмрэ. Мыбы щыгъуэ шэщIауэ шыгъажэ ящIыртэкъым. Ауэ шы джэгукIэхэр нэхъ куэд хъурт. ТхьэлъэIур нэгузыужьу екIуэкIырт. Псом хуэмыдэу къахуэгъэсыртэкъым Тхьэшхуэм щхьэкIэ ящIыну уджыр. Абы псори гуфIэжу хэтт. Мы уджым ухагъыхьэртэкъым Тхьэшхуэр уи фIэщ мыхъумэ, жумарту, хьэлэлу ущымытмэ.
 

 

Къэбарт Мирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.