ГЪЭ ЕДЖЭГЪУЭЩIЭМ ХУАГЪЭХЬЭЗЫР

ДэнэкIи хуэдэу, ди республикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэми щокIуэкI гъэ еджэгъуэщIэм IуэхущIапIэхэр хуэзыгъэхьэзыр зэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэр. Зыхуей псомкIи къызэгъэпэщауэ, егъэджэныгъэм и фIагъыр къэзыIэт Iэмалхэри Iэдэжу яIэу лъэхъэнэщIэр яублэжынущ прохладнэдэсхэми.

Мы зэманым ухуэныгъэ-зэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэхэр щекIуэкI щIыпIэ курыт школхэм ящыщщ Прохладнэ къалэм дэт 42-нэ еджапIэр. Дэфтэрхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, ар щаухуауэ щытар Хэку зауэшхуэм ипэ къихуэ илъэсхэращ. Ди республикэр нэмыцэ фашистхэм яубыдауэ щыщыта лъэхъэнэм школыр бийм зэтрикъутат. ИужькIэ, зэрыпхъуакIуэхэр советыдзэхэм ирагъэкIуэта нэужь, еджапIэр зыхуей хуагъэзэжащ абы и лэжьакIуэхэм, ныбжьыщIэхэри я дэIэпыкъуэгъуу.

 1957, 1963 гъэхэм школым къыгуащIыхьауэ щытащ иджыри зы еджапIэ унэрэ мастерской зыбжанэрэ. Абы лъандэрэ блэкIа илъэс 60-м къриубыдэу школым зэи щекIуэкIакъым ухуэныгъэ-зэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэ инхэр. Иджы абыхэм я гуащIэгъуэщ. Блыным фIэкIа япэрей ухуэныгъэм щыщу къэмынэжами ярейуэ, лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI школым. Яхъуэжащ абы и бжэхэри, щхьэгъубжэхэри, лъэгухэри, унащхьэри. ЩIэрыщIэщ унэшхуэр зыгъэхуабэ бжьамийхэри, зытхьэщIыпIэхэм, шхапIэм щIэт техникэри.

Иджыпсту ухуакIуэхэр йолIалIэ спорт пэшышхуэм уэздыгъэхэр фIэдзэным, батареехэр щыгъэувыным. Абыхэм къадэкIуэу яух школ щIыбыр зехьэныр. Къэнэжыр зыщ: классхэм щIэтыну унэлъащIэхэмрэ техникэмрэ гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу къэщэхужынырщ.

 УхуакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу школыр хьэзыр хъунущ. Еджэным хуэпабгъэ ныбжьыщIэхэу 350-р екIуэлIэжынущ сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ хъуа, еджэныгъэм и иджырей мардэхэм хуэкIуэ Iэмал псори къыщызэрагъэпэща школыщIэм.

 

КЪАРДЭН Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.