IЭЩЭКIЭ ЗЭЩIЭУЗЭДА КЪАРУХЭМ Я ЧЕМПИОН

Къэзахъстаным и Алматы къалэм щекIуэкIащ Къэрал Щхьэ­хуитхэм я Зэныбжьэгъугъэм (СНГ) хыхьэхэм я ещанэ дзэ-спорт джэгухэр. Абы армэ IэпщэрызауэмкIэ дыщэ медалыр къы­щихьащ ди лъахэгъу Хьэсанэ Мурат.

СНГ-м хыхьэ къэралыгъуэхэм зыхъумэжыныгъэмкIэ я министрхэм я совет къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъум и щIыхькIэ зэхаубла зэхьэзэхуэм кърихьэлIат Армением, Беларусым, Къэзахъстаным, Урысей Федерацэм, Узбекистаным я дзэ-хэм къулыкъу щызыщIэ щIалэ 250-м щIигъу. Зэпеуэр екIуэкIащ армэ IэпщэрызауэмкIэ, зэрахьэ IэщэмкIэ нэщанэ еуэнымкIэ, кросс къэжынымкIэ, офицер троеборьемкIэ, гырэ лIэужьыгъуитIкIэ къэ­IэтынымкIэ.
Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм я гуп къыхэхам хэту армэ IэпщэрызауэмкIэ лъэщу зыкъигъэлъэгъуащ Хьэсанэ Мурат. Килограмм 85-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм къы­щыпэува псори абы хигъэщIащ икIи чемпионыгъэр зыIэригъэ­хьащ.
НэхъапэIуэкIэ, мы илъэсым и пэщIэдзэм, Мурат щытекIуащ Ипщэ дзэ округым армэ IэпщэрызауэмкIэ Владикавказ щригъэкIуэкIа зэпеуэм. Осетие Ищхъэрэ-Аланием и къалащхьэм и «Манеж» спорт уардэунэм щыIа зэхьэзэхуэм абы щыгъуэм кърихьэлIат команди 8-м щыщ зауэлIи 100-м щIигъу. Япэ увыпIэм хуэ­зыша зэпэщIэтыныгъэ гуащIэм Хьэсанэм щыхигъэщIахэм яхэтащ ММА-м и дунейпсо чемпионри.
Мурат къыщалъхуар Аруан районым хыхьэ Псыгуэнсу къуажэращ. Iэпщэрызауэм зыхуэгъэсэн щыщIидзари абы дэт спорт ­клубращ. Иджыпсту зэхьэзэхуэ инхэм зыхуегъэхьэзыр Урысей ­Федерацэм грэпплингымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Шыхъуэстэн Руслан и унафэм щIэту.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Хьэсанэ Мурат иджы щытекIуа Къэ-рал Щхьэхуитхэм я Зэныбжьэгъугъэм хыхьэхэм я дзэ-спорт ­джэгухэр нэхъапэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэмрэ Къыргъыс­танымрэ.
 

Хьэтау Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.