АДЫГЭХЭР - БАХЪСЭН И ПСЫХЪУАЩХЬЭХЭМ

Этнограф, тхыдэдж цIэрыIуэ Волковэ Татьянэ 1974 гъэм Москва къыщыдигъэкIа «Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр: XVIII лIэщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ XX нэсыху» и тхылъ купщIафIэм и япэ Iыхьэм, къэрэшейхэмрэ балъкъэрхэмрэ ятеухуам, мыпхуэдэ сатырхэм дыкъыщоджэ:

«Си тхыгъэхэм ящыщ зым къыщызгъэлъэгъуэжауэ щытащ, Бещтоужь и Iэхэлъахэу «IуащхьитхукIэ» зэджэ щIыналъэр XVIII лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм зрагъэбгына къэбэрдей адыгэхэр а лъэхъэнэ дыдэм Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм зэрыдэтIысхьэгъар: 1724 гъэр къихьэху - Къетыкъуэхэ, иужькIэ - Кургъуокъуэ Мыхьэмэтрэ и къуэшхэмрэ».

Дэ зэрыхуэдгъэфащэмкIэ, Псыхуабэ лъэныкъуэкIэ кърагъэIэпхъукIа адыгэхэм а лъэхъэнэм Бахъсэн и къуэладжэр ищхьэ дыдэхэм нэсу яубыдагъэнущ. АбыкIэ щыхьэтщ Волковэ Татьянэ зи гугъу тщIы и тхылъым къыщихь мыпхуэдэ псалъэхэри:

«ПэIущIэ Кавказым XVIII лIэщIыгъуэм и япэ илъэс 30-м щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм ятеухуа дэфтэрхэм къызэрагъэлъэгъуэжымкIэ, Къэбэрдеишхуэм и пщыхэм я къуажэ нэхъыщхьэхэр Бахъсэн псыхъуэ и лъэныкъуитIымкIи щыIэ бгы лъагэхэм «щагъэбыдащ». 1743 гъэм дунейм къытрагъэхьа дэфтэрым къыщыхэщыж сонэхэр Накрэ (Донгуз-Орун) щхьэдэхыпIэм адэкIэ щыпсэу сванхэрауэ къыщIэкIынущ».

Зи гугъу тщIы щIэныгъэрылажьэ бзылъхугъэм зэрыжиIэу, къэбэрдей адыгэхэр Бахъсэн и псыхъуащхьэхэм XVIII лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм зэрыдэсыгъар къэтлъытэмэ, къэрэшей къущхьэхэр, а щIыпIэми икIыу, бгыхэми щхьэдэхыу, Псыжьыщхьэ къыщыдэхутар 1640 гъэм и ужькIэщ, ауэ 1709 илъэсыр къимыхьэ щIыкIэщ. АрщхьэкIэ, 1867 гъэм дунейм къытехьауэ щыта нэгъуэщI зы дэфтэрым къызэрыхэщыжымкIэ, XVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Бахъсэн и псыхъуащхьэхэр тыркубзэм ирипсалъэ лъэпкъхэм къахэкIа цIыхухэм аргуэру яубыдыжауэ щытащ.

ЖытIар иризэхуэтхьэсыжу, мыбдежым мыпхуэдэу демыгупсысынкIэ Iэмал иIэкъым: «Псыжьыщхьэ къэрэшейхэр къыщыдэхутар 1640 - 1709 гъэхэм я зэхуакур арамэ, хэту пIэрэ атIэ Iуащхьэмахуэ и щIыбкIэ щыIэ а тIуащIэм абы ипэкIэ дэсыгъар?» А упщIэм и жэуапри гъэщIэгъуэнщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2026 - 09:35

Гушхуэныгъэ къозыт япэ лъэбакъуэхэр

Лъэпкъыр ину зыIэтын хъыбар щызэхэпхым деж умыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Къыхаха гъуэгум Iэижь хуэ­хъуауэ, ехъулIэныгъэфIхэр щызрагъэгъуэтауэ къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэм къахэкIыр мащIэкъым.

18.05.2026 - 09:33

Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищ­хъэ­рэ къэрал институтым накъыгъэм и 14-м щыпащащ ­«Кинокавказ-2026» V кинофестивалым.

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы