ЗЭIУЩIЭ ГЪЭЩIЭГЪУЭН

Си адэр хуабжьу мэз кIуэрейт икIи и гъащIэм и нэхъыбэр абы щихьырти, ди унэр игъэIэпхъуэжами зыми емыкIу къищIыну къыщIэкIынтэкъым.
Сэ школым сыщIэсти, «Ди адэ, мэзым сыздэшэ!» - жысIэ щыхъур тхьэмахуэ закъуэрт, абы щыгъуи и жэуапыр зыт: «Сэ мэз сыщIэкIуэр пхъэ къэсшэну аращ, ахъумэ уэ укъэсшэжыну аракъым». Сэри шатащхьэр тезыча джэдууэ зызущэхужырт. Ауэ зы махуэ гуэрым си адэм гъуэмылэр къыщыгъупщэри, си кIэныр къикIащ. ЩIакхъуэ Iыхьэрэ зы кхъуей ныкъуэрэ къасщтэщ, кIагуэ уэд цIыкIу гуэр сиIэщ сэ, флъэгъуами сщIэркъым, ар къыщызукIэжри, адэм сыкIэлъыкIуащ. Куэдрэ сыкIуа, мащIэрэ сыкIуа, сытми, сыплъэмэ слъагъуу адэм сылъэщIыхьащ. Си адэм къеплъэкI и хабзэкъым: «Сыт, жи, укъыщIеплъэкIынур? Уи япэмкIэ плъэгъуарщ уи щIыбагъымкIи къэнар». Арати, сокIуэ, сылъэщIыхьэнуи сыхущIэкъуркъым: къызигъэгъэзэжынкIэ сошынэ. Ауэрэ мэзым дыщIыхьэри зыкъомыфIи ткIуауэ, зэуэ къудамэ етхъуэкI макъ ин зэхэсхри, «хъущт» жиIэу сыкъызэплъэкIащ. СыкъызэплъэкIмэ, зэрамыщIэжу зы мыщэ бацэжь гъуэгум къытехьауэ къыскIэлъоджадэ. Мо щIалэ къамылыфэр шэхум хуэдэу хужь сыкъэхъури, вагъуэижу гум сыдэжэхри, шым и пэщхъыным сыкъихуа хуэдэу, япэм сыкъилъэдащ.
- Мыр сыт, унэжын, къэхъуар, дэни укъикIа? - жиIащ си адэм, къэуIэбжьауэ.
Сэ си бзэгур кIэрэхъуэжыртэкъым, гулъэф хъуагъэнт.
- Гъу… гъу… гъуэмылэр къыпщыгъупщати къэсхьащ! - жысIащ сэ ерагъыу.
- Дэнэ щыIэ-тIэ?
- Мис, - жысIэу си блыгум сыщIэIэбэжым - бгъуэтмэ къащтэ, зыри щIэлъыжкъым. 
Iуэхур зыIутыр къыгурыIуа хъунт, си адэр зэплъэкIащ… Мыщэжьым пэнцIыврэ лъэбжьанэкIэ гъуэмылэр зыкIуэцIылъ кIэзетыр ичатхъэрт, и кIэ тIэкIури ажэм и кIэу игъэпIэжьажьэрт, имыгъэпIэжьажьэми сщIэртэкъым… сытми апхуэдэу къысфIэщIырт. Си адэр мащIэу пыгуфIыкIщ, и щхьэр ищIщ, псынщIэу шыгум сригъэтIысхьэри дежьэжащ.
Ар къыщыхъуар щыхупIэ еуэкIыгъуэти, абы дыфIэкIыу дыздэкIуэнум дынэсыху быхъ жысIакъым, си адэри щымащ. Дынэсри, си адэм шитIыр щIигъэхущ, лъахъэ ярилъхьэри къызжиIащ:
- Шыхэм яхуэсакъ, нетIрей мыщэр Iэгъуэблагъэу щыIэщ.
Сэ аргуэру сыкъэшынащ, ауэ си адэм зыкъезгъэщIакъым. Пхъэ пиупщIыр къыхэслъэфырти, срахьэжьам хуэдэу, напIэзыпIэм сыхэлъэдэжырт: си адэм и гъунэгъуу сыщыIэмэ, бзу хэлъэт макъхэм сыкъагъащтэртэкъым.
Гур ткъузыжри дыкъежьэжащ, мыщэ лъэпкъи а куейм щызмылъэгъуауэ. Сигъэшынэну жиIауэ арагъэнт. Аурэ дыкъыздэкIуэжым, си адэм жиIащ:
- Ахъырзэману псынщIэу пхъэр къыхолъэфыр, тхьэмахуэ къэс укъыздэсшэнщ.
- Хьэуэ, сыхуейкъым, - жысIащ сэ, иужькIи щIызгъужащ: - Пхъэр псынщIэу къыхэзылъэфар сэракъым, мыщэрщ.
 

Брай Адэлбий.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.