IЭЩIАГЪЭМ ХУАIЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР

Хабзэ хъуауэ, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм гъэ къэс мыпхуэдэ зэманым къыхелъхьэ «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэр къэралым щегъэкIуэкIыпхъэу. Мы махуэхэм хэIущIыIу хъуащ зэхьэзэхуэм и щIыпIэ Iыхьэхэм щытекIуахэр.
Дзэлыкъуэ щIыналъэм и егъэджакIуэхэр дапщэщи жыджэру хэтщ а къэралпсо зэпеуэм. Районым и курыт школхэм я IэщIагъэлIхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм я нэхъыбэр щагъэлъагъуэ абы и утыкухэм. «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI» мыгъэрей зэпеуэм щIыналъэм щыхэтащ цIыхуи 7. Егъэджэныгъэ IэнатIэм зэрыпэрыт илъэс бжыгъэкIи, ирагъэдж предметхэмкIи, ябгъэдэлъ IэзагъымкIи зэхуэмыдэ, атIэми я IэщIагъэм хуаIэ пэжагъымкIэ, сабийхэм хуаIэ лъагъуныгъэмкIэ, щIэблэм щIэныгъэфI етынымкIэ зыхащIэ жэуаплыныгъэмкIэ зэтехуэ IэщIагъэлIт ахэр. 
Зыщылажьэ школхэм нэхъыфIу къыщалъытахэр я Iуэху зехьэкIэ мардэхэмкIэ щызэпеуащ Дзэлыкъуэкъуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм. Дэтхэнэ егъэджакIуэри хущIэкъуащ и IэщIагъэмкIэ бгъэдэлъ Iэзагъыр, дерсхэм хилъхьэ щIэщыгъуагъыр, абыхэм къыщигъэсэбэп иджырей техникэмрэ технологие пэрытхэмрэ къигъэлъэгъуэну. Зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм апхуэдэу гулъытэ хуащIащ егъэджакIуэм и бзэм и шэрыуагъым, абы и цIыху хэтыкIэмрэ зыIыгъыкIэмрэ. А псори наIуэ щыхъу зэхьэзэхуэр купщIафIэ хъуащ, абы укIэлъыплъынуи хуабжьу хьэлэмэтт. 
ЕгъэджакIуэхэм щыгъуазэ зыхуащIыну я мурада псоми къэпщытакIуэхэр набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъа нэужь, белджылы ящIащ «Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфI» цIэр мы гъэм зыхуэбгъэфащэ хъунур. Дзэлыкъуэ щIыналъэм и егъэджакIуэ нэхъыфIу мы илъэсым къалъытащ Сэрмакъ дэт курыт школ №1-м тхыдэмрэ обществознаниемрэ щезыгъэдж Хьэжкъасым Иринэ. Аращ районым и щIыхьыр егъэджакIуэхэм я республикэпсо зэпеуэм щыщызыхъумэнур. 
КъинэмыщIауэ, щIыналъэ зэпеуэм и лауреат хъуахэми я цIэхэр къыщраIуащ зэхыхьэм. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми зэхьэзэхуэм зэрыхэтам щыхьэт техъуэ сертификат иратащ, егъэджакIуэхэм я профсоюзым къыбгъэдэкI ахъшэ саугъэтхэр щIыгъуу. 
 

ТАМБИЙ Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.