УРЫСЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭМ ХЭТЫНУЩ

Ингушым и Нэзрэн къалэм дэт «Магас» спортым и уардэ унэм и алэрыбгъухэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэ. Саугъэт нэхъыщхьэхэм щIэбэнащ я хьэлъагъ елъытауэ гуп 14-у гуэшауэ щыта зи ныбжьыр илъэс 23-м нэблагъэ ныбжьыщIэ 270-м нэблагъэ.

 Зэхьэзэхуэм хэтащ КИФЩI-м и щIыналъэ псоми къикIа спортсменхэр. Псори зэхэту ди спортсменхэм абы медаль зэмылIэужьыгъуэу 7 къыщахьащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам хэту зи хьэлъагъыр килограмм 48-м нэблагъэ Къанокъуэ Арианнэ пашэныгъэр иубыдащ. КъищынэмыщIауэ дыщэ медалхэр зыIэрагъэхьащ килограмм 78-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Кабуловэ Миланэрэ килограмм 73-м нэблагъэ зи хьэлагъхэм я гупым хэтахэм ефIэкIа Хьэжмэт Къантемыррэ.

Домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ Байсиев Тауланрэ Балъкъыз Алихъанрэ (тIури щыбэнар килограмм 8I-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я гупырщ), Абазэ Астемыр (кг 48-м нэблагъэ), Балъкъыз Залым (кг 100-м щIигъу).

Зи гугъу тщIы зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ хэтынущ Урысей Федерацэм и зэпеуэу мэлыжьыхьым и 3-5-хэм Тюмень щекIуэкIынум.

КЪЭХЪУН Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.