УЭРЭДЖЫIАКIУЭ ИКIИ ЕГЪЭДЖАКIУЭ

 Иужьрей зэманым, куэдым зэращIэщи, радиокIэ, телевизоркIэ ди пащхьэ кърахьэ уэрэд куэдхэр, псалъэ щIэлъкIи макъамэкIи уэрэдкIэ уеджэ мыхъуну. ГуфIэгъуэ къыдэзытын, гупсысэ дахэхэм я хъыринэм дезыгъэщIэн уэрэд, макъамэ дахэхэм япэIэщIэ дохъу.
    Ауэ, псори зэхуэдэу Iейкъым. ДызыгъэгуфIэ, гукъыдэж къыдэзыт, уэрэджыIакIуэхэр диIэщ. Ди цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу Къуныжь Хьэждал, Бэрэгъун Владимир, Тут Заур, Бесчокъуэ Майе, Бэгъуэтыж Светланэ, Хъупсырджэн Албэч, нэгъуэщI куэдхэри, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, дэ куэдрэ зэхэтхыу схужыIэнукъым цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа а уэрэджыIакIуэхэм я макъ.
    Сригушхуэу, сригуфIэу нобэ зи гугъу сщIынур Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ КъуийцIыкIу Валерэщ.
    - Сыбырым щыIэ Печорэ къалэ цIыкIум I950 гъэм сыкъыщалъхуащ, иужькIэ си адэ-анэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжри, Урыху къуажэм е 8-нэ классыр къыщызухащ, Налшык къалэм дэт профессиональнэ техникэ училищэм фIы дыдэу сыщеджащ, - игу къегъэкIыж Валерэ и щIалэгъуэр. – ИужькIэ, Горькэ къалэм дэт, ЩIыхьым и дамыгъэ зезыхьэ макъамэ еджапIэр, Глинкэ и цIэкIэ щыIэ консерваториер къэзухри, илъэс куэдкIэ уэрэджыIакIуэу а къалэ дыдэм сыщылэжьащ. Си гъащIэм и къекIуэкIыкIар апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэну зэхэухуэнащи, кIэщIу абы и гугъу пхуэщIынукъым.
    Илъэс 40-м щIигъуащ КъуийцIыкIу Валерэ Къэбэрдей-Балъкъэр Музыкэ театрым и солист пашэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытрэ. А зэманым къриубыдэу, абы оперэхэм, опереттэхэм, мюзиклхэм, таурыхъхэм роль 50-м нэс щигъэзэщIащ, псом хуэмыдэу цIыхухэм гуапэ ящыхъуащ композитор цIэрыIуэ Молэ Владимир и «Дахэнагъуэ», «Къамботрэ Лацэрэ» спектаклхэм Iэзагъышхуэ хэлъу зэрыщыджэгуар.
    Валерэ артист Iэзэщ жыпIэныр дауи мащIэщ – ар икIи уэрэджыIакIуэ телъыджэщ, баритон макъ дахэ, макъ лъэщ зиIэхэм ящыщщ. Абы концерт гъэлъэгъуапIэ куэдым псэр дихьэхыу, узыIэпишэу, гуфIэгъуэшхуэ цIыхухэм яриту щегъэзащIэ КIыщокъуэ Алим, Тхьэбысым Умар, Тхьэгъэзит Зубер, Бейтыгъуэн Iэуес сымэ я псалъэхэр зыщIэлъ, Къардэн Хьэсэн, Къашыргъэ Билал, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Жырыкъ Заур, нэгъуэщIхэми макъамэ зыщIалъхьа уэрэдхэр.
    КъуийцIыкIу Валерэ ди щэнхабзэм, гъуазджэм щиIэ ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, 200I гъэм «Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр фIащащ, абы хуэфащэу зэрехьэ ди лъэпкъэгъу, къэрал куэдым къыщацIыху сурэтыщI Iэзэ Шемякин (Къардэн) Михаил и цIэр зезыхьэ дунейпсо фондым и Дыщэ медалыр. Валерэ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым уэрэд жыIэнымкIэ егъэджакIуэу щолажьэ, доцентщ, мызэ-мытIэу и гъэсэнхэр пашэ щыхъуащ урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм.

СОМГЪУР Синэмис.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз