ПСЭР ЗЫТХЬЭКЪУ ЩIЫНАЛЪЭ

Екатеринбург дэт хьэщIэщ нэхъыфIхэм ящыщу тIум Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа гъэлъэгъуэныгъэ  къыщызэIуахащ.
«Къэбэрдей-Балъкъэрым псэр етхьэкъу»  Iуэху дахэм ди щIыналъэм, нэгъуэщI хэгъуэгухэм щыщ сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэсащ.
Копылов Владимир, Давид Къантемыр, Белых Наталье, Болькин Сергей, Лягушкин Виктор, Земляниченкэ Александр сымэ я лэжьыгъэхэм теухуащ     ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэм.
 - Мы Iуэхур КъБР-м Курортымрэ туризмэмкIэ министерствэмрэ ТуризмэмкIэ Урал Ассоциацэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщащ. А гъэлъэгъуэныгъэмкIэ КъБР-м и дахагъымрэ уардагъымрэ къалэдэсхэри нэIуасэ хуащI «Атриум», «Новотель» хьэщIэщхэм зыщызыгъэпсэхухэри.
Гъэлъэгъуэныгъэр гъатхэ хъуху екIуэкIынущ.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз