КЪАНЩАУЭ ГЪУР И МЭЖДЖЫТ-КХЪЭЛЭГЪУНЭР

Къанщауэ Гъур и мэжджытыр, 1503 - 1505 гъэхэм яухуар, адрейхэм къахэзыгъэщыр кхъэлэгъунэ зэры­хэтырщ. Армырауэ пIэрэ Алыхьталэм и пащхьэ ихьэ­жыным зигу хуэкъабзэ сулъ­тIаным шэхьид лIэкIэр и насып щIэхъуар? Куэдым ­зэ­ращIэщи, Къанщауэ Гъур щыхэкIуэдауэ щытащ ­Мардж-Дэбикъ деж мам­люк­хэмрэ тыркудзэмрэ щы­зэ­пэ­щIэува зауэзэрылIым, и хьэдащхьэм екIуэлIапIэ ­хуэ­хъуари щэхуу къэнащ. Иджы­благъэ ягъэува «МафIэ пащтыхьыгъуэхэр» ­фильмым а тхыдэ Iыхьэр къы­щагъэлъагъуэкIэ, сулъ­тIан Iэл-Гъэури и хьэдэр бийхэм джэгупIэ хуамыщIын ­папщIэ, и щхьэр паупщIу щэхуу щIалъхьауэ къыхощ. Езыр щIэмылъми, и ухуэныгъэм «СулътIан Iэл-Гъэурий и кхъэ­лэгъунэ» цIэр къыхуэнащ. Ар зыхуэзэ къуэкIыпIэ лъэныкъуэм иджыри хеу­быдэ хъэнэкъэ, сэбилкIэ зэ­джэ псы зекIуапIэ, диным ­хуеджэн щIэзыдзэ сабийхэм папщIэ мыдрисэ. КъухьэпIэ лъэныкъуэр яубыд мэж­-джы­тымрэ еджакIуэ нэхъ балигъ­хэм папщIэ мыд­ри­сэмрэ.
Мызэ-мытIэу зи хъыбар ди газетым тета Къанщауэ Гъур зэрагъэкъуаншэхэм язт ­Къаир игъэщIэрэщIэнкIэ зэ­ремышымкIэ. Ар икIи нэхъыбэрэ тахътэм иса адыгэ мамлюк сулътIанхэм язщ (1501 - 1516). УхуэныгъэщIэ куэд зэрыригъэщIым нэ­мыщI, Къанщауэ Гъур щIэ­ныгъэм, щэнхабзэм зри­гъэу­жьыну фIэфIу, езыр ди­ныр зи щIасэхэм я кIуэгъу­жэгъуу, усэ итхыу щытауэ тхыдэм къыхэнащ.
Къанщауэ Гъур и тепщэ­гъуэм псэуа дин щIэныгъэлI цIэрыIуэ Iимам Шэхьрани «Iэнуарул Къудсия» зи фIэ­щыгъэ и тхылъым щетх: «Си нэкIэ слъэгъуащ сулътIан Къан­щауэ Гъур ди нэхъыжь Мухьэммэд ибн Хьэнан и Iэм ба хуищIу, абы иужь ­къиува сулътIан Тумэнбей ардыдэм и лъакъуэм ба ­хуи­щIу слъэгъуащ. Зэгуэр ­щихъ Iэбу Хьэсэн Гъэмрий и гъусэу сулъ­тIан Къанщауэ Гъур деж дыщIыхьат, зыгуэрым къы­щхьэщыжын IуэхукIи, сулъ­тIаныр щихъым къыпежьэщ, и Iэблэ лъабжьэм деж къыщиубыдри, къыжриIащ: «Уа си зиусхьэн, сыту пщIэшхуэ къысхуэпщIа! Пэжыр аращи, сэри си унафэ щIэт пащ­тыхьыгъуэми уэ узытет лъа­гъуэр зэрызахуэм шэч за­къуи худиIэкъым!»

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.