УСАКIУЭ ЦIЭРЫIУЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Хьэбэз ­къуа­жэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «Бемырзэ къеджэ­ныгъэхэр-2021» япэ щIэ­ныгъэ-практикэ конференцыр. Ар щытащ УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ икIи и цIыхубэ усакIуэ, Къандур Мухьэдин и дунейпсо саугъэтыр зыхуа­гъэфэща Бемырзэ Мухьэдин и фэеплъу.

КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту ирагъэкIуэкIа зэхыхьэ щхьэпэр къызэригъэпэщащ «Адыгэ Хасэ - Черкесский Парламент по защите прав и интересов черкесского народа» жыла­гъуэ зэгухьэныгъэм, Хьэбэз район администрацэр и дэIэ­пыкъуэгъуу.
Зэхыхьэм зэпэIэщIэу хэтащ КъШР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым, Черкесск къалэм егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм, Хьэбэз, Адыгэ-Хьэблэ районхэм я библиотекэхэм егъэджэныгъэмрэ щэн­хабзэмкIэ я къудамэхэм я лэ­жьакIуэхэр, Къэбэрдей-Балъ­къэр, Адыгэ, Абхъаз рес­пуб­ликэхэм, Тыркум щыщ щIэ­ныгъэлIхэмрэ егъэджа­кIуэ­хэм­­рэ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ, анэдэлъхубзэхэр, IуэрыIуатэр хъумэным теухуа я еплъы­кIэхэмрэ Iэмалхэмрэ, лъэпкъ­хэм я щэнхабзэ-тхыдэ хъугъуэ­фIыгъуэхэр мыгъэкIуэ­ды­жы­ным и IуэхукIэ библиотекэхэм я мыхьэнэм.
Конференцым саугъэтхэмкIэ щагъэлъэпIащ абы и пэ ­къихуэу социальнэ сайтхэм адыгэб­зэмрэ литературэмрэ теу­хуауэ еджакIуэхэм папщIэ щрагъэкIуэкIа зэпеуэм къыхэжаныкIахэр, лэжьыгъэ нэхъы­фI зыгъэхьэзырахэр. Абы ныбжьыщIи 150-м щIигъу хэтащ. 
Зэхыхьэм къыщащта уна­фэхэм къыдэкIуэу, Бемырзэхэ я унагъуэм къыщыхалъхьащ Бемырзэ Мухьэдин и цIэр зезыхьэ «Усэнэ» клубыр адыгэ усакIуэ, тхакIуэ ныбжьыщIэхэм къыхузэрагъэпэщыну. Зэхуэ­сым щаубзыхуащ дяпэкIэ ар илъэсым тIэу ирагъэкIуэкIыну. 
Бемырзэ Мухьэдин и гъащIэр триухуащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ джыным, къэ­ху­тэныгъэхэр егъэкIуэ­кIыным, щIэблэм зегъэужьыным къыщагъэщхьэпэну лэжьыгъэ зыбжанэ къыдигъэкIащ. Ап­хуэдэу пэщIэдзэ классхэм я еджакIуэхэм я дерсхэр адыгэбзэкIэ егъэкIуэкIыным теухуа япэ къэпщытэныгъэм ехьэлIа Iуэху бгъэдыхьэкIэр къыхилъхьауэ щытащ. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.