Бжьыхьэ дэшыгъуэр еух

Дзэм къулыкъу щызыщIэнухэр щраджэ 2021 гъэм и бжьыхьэ лъэхъэнэр икIэм ноблагъэ. Абы хэту мы махуэхэм Налшык дэт республикэ дзэ военкоматым икIри Хэкум и хъумакIуэхэм я сатырхэм хыхьащ сэлэт щIалэщIэ гуп. 

Ахэр егъэжьэным ипэ къихуэхэу военкоматхэм лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI. Мы бжьыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу я дзэ ­къу­лыкъур ирахьэкIын папщIэ ираджэну я мурадщ ныбжьыщIэ миным нэблагъэ. Ди республикэм икIахэм я нэхъыбэм къулыкъур щрахьэкIынущ ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм и лъэсыдзэхэм, Дзэ-хьэуа къа­рухэм, Лъэпкъ гвардием. Мы гъэм ди щIалэхэр хаугуэшэнущ къэралым и европей лъэныкъуэмкIэ, Уралым, Сыбырым, КъуэкIыпIэ Жыжьэм щы-Iэ IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзэ ­воен­коматым хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, иджы къекIуэлIа щIалэщIэхэр къулыкъу ехьэкIыным ­хъарзынэу хуэхьэзырщ. Языныкъуэ­хэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэ­гъуэтащ. Хабзэ зэрыхъуауэ, сэлэт щIалэщIэхэр къулыкъу щрахьэкIыну частхэм кIуэн ипэ къихуэу формэ ­щатIагъэ. Ахэр банк картэхэмрэ зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмкIэ къызэ­рагъэпэщ. Илъэс дэкIым иджы хуэдэ лъэхъэнэм ди щIалэхэм я къулыкъур кърахьэлIауэ я унэ къагъэзэжынущ. Зи гъащIэр IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм езыпхыну мурад зиIэхэм адэкIи я къулыкъум пащэфынущ.
Бжьыхьэ дзэ дэшыгъуэм жэпуэгъуэм и 1-м щIидзащ. Дыгъэгъазэм икIэм пбы иухынущ. 
МЭЗКУУ Къан.
 
Сурэтым: (сэмэгумкIэ къыщыщIэ­дзауэ) мы махуэхэм Хэкум и хъу­макIуэ къулыкъум пэрыува Атэбий Алихъан, Мэш Резуан, Шыбзыхъуэ Андемыр, Алборэ Алий, Гюльмамедов Ахьмэд сымэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз