IЭУЖЬЫФI ИIЭНУ ЩОГУГЪ

«Iуащхьэмахуэ лъапэ и ищхъэрабгъу лъэныкъуэм хуэзэ Джилы-Су ди республикэм и щIыпIэ нэхъ дахэхэм зэращыщым и мызакъуэу мыбы и псы хущхъуэхэм хуэди дунейм къыщыгъуэтыгъуейщ»,- жеIэ Урысейм и географическэ обществэм хэт, тхакIуэ-къэхутакIуэ Котляров Виктор.

Къэбэрдей-Балъкъэрым курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм къызэрилъытамкIэ, Джилы-Су туристхэм я кIуапIэ хъун папщIэ иджырей мардэхэм тету зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щегъэкIуэкIын хуейщ. Ди республикэм къакIуэ зыгъэпсэхуакIуэхэр зыхуейм я нэхъ мащIэри нобэ а щIыпIэм щыбгъуэтынукъым. Абы къыхэкIыу къабзагъэр хъумэным, цIыхум я узыншагъэр егъэфIэкIуэным, хабзэм къемызэгъхэр Iуэхугъуэхэр гъэзэкIуэжыным тещIыхьа Iуэху бгъэдыхьэкIэ убзыхун хуейщ. Абы щIыуэпсым и щытыкIэри иригъэфIэкIуэжынущ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Туризмэмрэ гъэхьэщIэкIэм и къызэгъэпэщыкIэмрэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу гектар 620-рэ зи инагъ щIыпIэр Iыхьищу ягуэшу, шхапIэ зыхэт бальнеологическэ комплекс, ресторан, хьэщIэщ ехьэжьахэр, лыжэ къэжыхьыпIэхэр, кIапсэ гъуэгухэр къыщызэIуахыну я мурадщ. Мелард 33-м щIигъу зытекIуэдэну а ухуэныгъэхэр 2030 гъэхэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну щогугъ. Ауэ апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм арэзы техъуащэркъым щIыуэпс къабзэр хъумэным телажьэхэр. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, апхуэдэ ухуэныгъэшхуэхэр, зэрыхабзэу, Iэужьынши хъуркъым: щIыуэпсым лей къытехьэнущ.
- Джилы-Су и псы хущхъуэхэм хуэдэ дуней псом ущрихьэлIэнукъым. ЩIыпIэри къэмыхъуауэ дахэщ: къыр зэхуакухэм мывэ лъэмыж телъщ. Псыкъелъэхэм яхэтщ метр 30 зи лъагагъ. «Жейм и тафэ», «Iэгъэбэгу ныджэ» зыфIаща щIыпIэхэр сыт щыгъуи телъыджэщ: зым жей IэфI къыщыптоуэ, адрейм Iэгъэбэгу теплъэ зиIэ мывэхэр игуэшащ. Апхуэдэу гъэщIэгъуэныщэщ «Чэщанэхэм я хэщIапIэ» щIыпIэри. «Эммануэль и тафэм» дыжьыныпс къыщыщIож. Абы дыжьын, дауи, хэлъкъым, ауэ апхуэдизкIэ щIыIэщи, псым ущеIубкIэ укъес. ЩIымахуэм ар йогъущыкI, гъэмахуэм щIэрыщIэу къоунэхуж. Дауэ а псом туристхэр зэрыдимыхьэхынур?..
КъэхутакIуэм игу къызэригъэкIыжымкIэ, илъэси I0 ипэкIэ а щIыпIэр хьэлэч зэтращIауэ щытащ езыр-езыру зызыгъэпсэхухэм. Иджыпсту мащIэу ефIэкIуащ, арщхьэкIэ щIыуэпс щытыкIэр нэхъ Iей зэрыхъум уимыгъэпIейтейуэ къанэркъым.
 IуэхугъуитIми узэгупсысын хэлъщ. Зэрыщыту къэбгъэнэнущи, цIыхур щIыуэпсым хуэсакъыу пхужыIэнукъым. Псыхущхъуэхэм я Iэгъуэблагъэр кIэрыхубжьэрыхухэмрэ пхъэнкIиймрэ хуэм-хуэмурэ зэщIащтэ. Апхуэдиз ухуэныгъэшхуэхэм къарикIуэнури хэт ищIэн… Псом ящхьэр щIыуэпс къэбзагъэмрэ цIыхум я узыншагъэмрэ хъумэнырщ. Дыщыгугъынщ лъэпкъ проектыр а тIуми зэхуэдэу телэжьэну.

Лъостэн Музэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.