Урысей Федерацэм ФинансхэмкIэ и министерствэм хэIущIыIу ищIащ къэралым и щIыналъэхэм финансхэр зэрыщызэрагъакIуэмкIэ 2020 гъэм тещIыхьа я рейтингыр. Абы УФ-м и щIыналъэ 85-р гупищу щыгуэшащ. «ЩIыналъэ финансхэр фIы дыдэу щызэрагъакIуэ» япэ гупым щIыналъэ 24-рэ, «щIыналъэ финансхэр тэмэму щызэрагъакIуэ» гупым щIыналъэ 44-рэ, «щIыналъэ финансхэр тэмэму щызэрамыхьэ» гупым щIыналъэ 17 хэтщ.
ЩIыналъэ финансхэр фIы дыдэу щызэрагъакIуэ япэ гупым Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и субъектхэм ящыщу хагъэхьар Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и закъуэщ. Ди республикэр илъэс етIуа- нэ хъуауэ яхохуэ мы IуэхумкIэ зи рейтингыр лъагэ щIыналъэхэм.
ЩIыналъэ финансхэр зыхуей хуэзэу зэрызэрахьэр 2009 гъэ лъандэрэ федеральнэ министерствэм къепщытэ. Абы и лъэныкъуэкIэ щIыналъэхэм щекIуэкI лэжьыгъэм и фIагъыр щаубзыхукIэ къалъытэ бюджет планхэр зэрызэхалъхьэр, бюджетыр зэрагъэзащIэр, щIыхуэхэмкIэ къалэнхэр зэрагъэзащIэр, къэрал мылъкур зэрызэрахьэр, щIыналъэхэмрэ абыхэм хиубыдэ муниципалитетхэмрэ я финанс зэдэлэжьэкIэр, лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэр, УФ-м и Президентым накъыгъэ мазэм къыдигъэкIауэ щыта указхэр зэрагъэзащIэр. УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм къызэрилъытэмкIэ, къэралым и субъектхэм финансхэр зэрыщызэрахьэм и фIагъыр гъэ къэс къызэрапщытэр сэбэп мэхъу бюджет планхэр зэрызэхалъхьэр гъэтэмэмынымкIэ, бюджетыр тэмэму гъэзэщIэнымкIэ.
Псоми зэрытщIэжщи, къэрал щIыхуэр республикэм зэригъэмэщIар, коммерческэ щIыхуэхэр зэрытемылъыжыр, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным хухаха ахъшэр нэсу къызэрагъэсэбэпар, республикэм и бюджетым къыхузэщIагъэуIуэ налог ахъшэм зэрыхэхъуар, 2020 гъэ илъэс мытыншым республикэм къыбгъэдэхуэ социальнэ къалэн псори зэригъэзэщIар КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек гъэ кIуам и кIэм утыку къыщрилъхьауэ щытащ КъБР-м и Парламентым и зэIущIэм икIи абы щыгъуэ Правительствэм и пщэ ирилъхьащ щIыналъэ финансхэр тэмэму зегъэкIуэнымкIэ икIи бюджет планыр гъэзэщIэнымкIэ зыхуэфащэ Iуэху псори зэфIигъэкIыну.
Тэнащ Анатолэ.