КIуэкIуэ Казбек: «ФокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ екIуэкIыну Iуэху нэхъыщхьэ псори Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэсищэ щрикъум ехьэлIауэ щытын хуейщ»

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырынымрэ махуэшхуэм пыщIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр егъэ­кIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

КIуэкIуэ Казбек зэгъэзэхуэ­жыны­гъэхэмрэ чэнджэщхэмрэ хилъхьащ махуэшхуэр зэрекIуэкIыну яубзыхуам. Абы жиIащ республикэм мы гъэм фокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ щекIуэкIыну Iуэху ­нэхъыщхьэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэсищэ щрикъум ехьэлIауэ щытын зэрыхуейр. Iэтащхьэм абыкIэ жэуап зыхьхэм пщэрылъ ящищIащ махуэшхуэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэу нэхъ пасэу яубзыхуахэм хэплъэжыну икIи щIыгъу­жыпхъэу къалъытэхэр тхьэмахуэм къриубыдэу къыхалъхьэну, ап­хуэ­дэуи  лэ­жьакIуэ гупхэр а Iуэхухэм нэхъ жыджэру яужь итыну.
Iэтащхьэм къыхигъэщащ махуэшхуэ дауэдапщэхэм тэмэму зыхуэгъэхьэ­зы­рыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
«ЩIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыныр, со­циаль­нэ мыхьэнэ зиIэ объектыщIэхэр ухуэныр, ди лъэпкъхэм я щэнхабзэ ­зэ­мылIэужьыгъуэ къулейр нэсу къызэ­щIэ­зыубыдэну программэ зэхэлъхьэ­ныр, республикэм щыпсэу дэтхэнэ зы­-ми дежкIэ купщIэшхуэ зыхэлъ дамыгъэхэр, хьэщIагъэ дахэр - мис ахэращ и лъабжьэу щытын хуейр республикэр лIэщIыгъуэ зэрырикъум теухуа махуэшхуэм», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.