«Шапсугия» газетыр илъэс 30 ирокъу

Хы Iуфэ Шапсыгъым, ПсыфIыпэ къалэм, иджыб­лагъэ щызэхэтащ «Шапсугия» лъэпкъ газетыр ­къы­дэкIыу зэрыхуежьэрэ илъэс 30 зэрырикъум теухуа пшыхьыр.
Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтащ Сочэ къалэ зэхуэсым и тхьэмадэ Филонов Виктор, Псы­фIыпэ щIыналъэм уна­фэр щызехьэнымкIэ и къулы­къущIапIэм и унафэщI Бурлев Олег, Адыгэ Республикэм и Парламентым – Хасэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэщI щыпсэу адыгэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэ­лэжьэнымкIэ и къудамэм и Iэтащхьэ Щхьэлахъуэ Аскэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент Щоджэн Iэминат, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт, «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель Табыщ Мурат, АР-м щылажьэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэ­мэзан, КъШР-м щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэн Алий, щIэныгъэ, щэнхабзэ, ­жылагъуэ лэжьакIуэхэр, ­хьэ­ры­чэтыщIэхэр, шапсыгъ ­къуа­жэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри.
«Шапсыгъ щIыналъэм и напщIэм телъ, зэIэпахыу щIаджыкI ди лъэпкъ газетыр къыдэкIын щыхуежьар ди махуэгъэпсым плъыжьу къыхэгъэщащ - 1991 гъэм накъыгъэм и 18-р куэдым­ ­гукъинэж ящыхъуащ, ящы­мыгъупщэуи ягъэлъапIэ, - жиIащ зэIущIэр къыщызэ­Iуихым Шап­сыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэ­кIыхъу Мэжид. - Хы Iуфэм зэры­Iыгъыу ды­щы­псэуми, дызэ­рызэлъэIэсыр мащIэт. ­Газетыр къы­зэ­рыу­нэхурэ жылэ IуэхукIэ нэхъ щIэх-щIэхыурэ дызэрыщIэ хъуащ. Сыт хуэдиз гугъуехь газетыр Iууэми, абы и къыдэкIыныр зэрызэ­пымыу­ным, гъэнэхуа пIалъэм тету дунейм къы­зэрытехьэным дыхущIокъу. ИпэкIэ къэмыхъуауэ, шап­сыгъхэмкIэ мы­хьэнэ зиIэ Iуэхугъуэу ди щIыналъэм къыщыхъу хъугъэ­щIагъэхэм я мызакъуэу, «Шапсугия» газетым ди лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэ­рыIуэхэм я гъащIэмрэ я ехъулIэныгъэхэмрэ топсэ­лъыхь, ди тхыдэр щIэ­рыщIэу къызэрегъэдзэкIыж, блэ­кIар ди щIэблэм къазэрыгурыIуэн бзэкIэ я пащхьэ ирелъхьэ. Газетым зэпищIэр, зэпэблагъэ ищIыр шапсыгъ щIыналъэм щып­сэу адыгэхэм я закъуэкъым, атIэ дыхешэ адыгэ дунеишхуэми – абы и фIыгъэкIэ ди хъыбарыр Къэбэрдейми, Шэрджэсми, Адыгейми, хамэщI щыпсэу адыгэхэми я деж нос. Дауи, газетыр дунейм къытехьэн щхьэкIэ, лэжьыгъэшхуэ зэ­фIэпхын хуейщ. «ДиIэщ», «къыдокI» жытIэныр дэркIэ тынш щхьэ­кIэ, абы и зэгъэпэщыным акъылрэ гуп­сысэу ихьыр къыпхуэмы­лъытэным хуэдизу инщ. НобэкIэ «Шапсугия» газетыр мазэм зэ напэкIуэцIий хъууэ, и бжыгъэр миниплIым нызэрыхьэсу къыдокI. А лэжьыгъэ абрагъуэр зи пщэ дэкIыр редактор нэхъыщхьэ Ныбэ Анзорщ. Лъэпкъыгу зиIэ, хэкупсэу щыт щIалэм и фIы­щIэр шапсыгъхэр къы­щыгъэнауэ, зэрыадыгэ дунейуэ щыинщ. Газетым ды­зэрыхуэгуфIэм хуэдэу, ­Анзори дыщогуфIыкI, и къарур мы­кIуэщIу нэгъэсауэ лъэпкъ­псо мы­хьэнэ зы­гъуэта «Шапсугия» газетым дэфIэрафIэу щыIэну до­хъуэхъу».
Сочэ къалэ зэхуэсым и тхьэмадэ Филонов Виктор псалъэ щратым къыхигъэщащ «Шапсугия» газетыр и цIэкIи, и щхьэкIи къалэш­хуэм къыщыдэкI адрейхэм ­къазэрыщхьэщыкIыр. «Япэ­рауэ, – жиIащ Филоновым, – лъэпкъ гъащIэр ап­хуэ­дизу лъэныкъуэ зэхуэ­мыдэкIэ къэзыгъэлъагъуэ, къуажэ къэс щекIуэкIым шэ­щIауэ тепсэлъыхь къы­дэ­кIыгъэ щыIэкъым. ЕтIуанэ­рауэ, газетым и мы­хьэнэри жысIам поджэ - бзэр, щэнхабзэр, лъэпкъ щIэжыр ­хъумэным хуэу­нэ­тIащ, арых­хэуи лъэпкъ зэхущы­тыкIэхэр егъэ­фIэкIуэным хуэгъэпса мэхъу. И гуащIэр илъу, и зэфIэкIыр хэхъуэу мыпхуэдиз цIыхур зыщыгуфIыкI газетыр щыIэну сохъуа­хъуэ».
ПсыфIыпэ щIыналъэм унафэр щызехьэнымкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщI Бурлев Олег ипэкIэ къэп­сэлъахэм арэзы дэхъуащ икIи къыхигъэщащ къекIуэ­лIа­хэм я мызакъуэу, щIы­пIэм щыпсэу дэтхэнэми а­фэ­­рымыбжьэр зэрахуэфащэр. «Нобэрей дунейм, интернетыр цIыкIуи ини щалъэIэса мы лъэхъэнэм, - жиIащ абы, - тхылъымпIэ газет къы­пIэрыхьэныр, абы уеIу­сэныр, и мэр къыпщIихьэныр, лъапIэныгъэ епты­ныр мыхьэн­эшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу къысщохъу. КъэкIуэну зэманхэм дыхуэлажьэми, ди блэкIам дрипх хуэдэу къыс­щохъу - зихуэдэ щымы­Iэ, кIуэд мыхъун гуэрым дрикъэрэгъулу къысфIощI. «Шапсугия» газетыр къыс­Iэрыхьэху сэ сызэгупсысыр аращ. Жыс­Iам щхьэкIи ар сэркIэ лъапIэщ, мы дуней зэхэзэ­ры­хьам хэкIуэдэжыну хуэмейхэм ягъэлъагъуэ щапхъэмкIи лъапIэщ. Зи гуащIэрэ зи гукъыдэжрэ абы и къы­дэкIыным хэзылъхьэ Ныбэ Анзор си гуапэу сохъуэхъу апхуэдэ гузэхэщIэ си за­къуэ мы­хъуу дэтхэнэ зы цIыхуми зэраритым папщIэ».
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент Щоджэн Iэминат къыщыпсалъэм газетым и мыхьэнэр къызэ­ры­мыкIуэу зэрыиныр, и пщIэр зэрылъагэр къыхигъэщащ. «Газетым пэплъэр Шапсыгъым щыпсэухэм я закъуэу къыщIэкIынукъым, сыту жы­пIэмэ абы и къыдэкIы­гъуэхэр адыгэхэр щыпсэу щIы­налъэхэм къытлъо­Iэсри, ди гуапэу щIыдоджыкI, къы­кIэлъыкIуэным дыпэп­лъэу тхыгъэ хьэлэмэтхэр къытохуэ. Газетыр гъэщIэ­гъуэн зыщIыр ар уней мылъкукIэ зэпымыууэ къызэ­рыдэкIым и закъуэкъым, мыр лIыгъэшхуэу къэлъытэн хуейми, атIэ абы и напэкIуэцIхэм къытехуэ тхыгъэхэр зэрытха бзэ шэрыуэм шхэпсым хуэдэу узэкIэрашхэу зэры­щытырщ. Сыт хуэдиз щIэныгъэрэ зэхэщIыкIрэ уиIэн ­хуей, фIыуэ плъагъу, зыхуэбгъадэ щымыIэ лъэп­къым и тхыдэмрэ махуэ къэс и нэгу щIэкI хъугъэщIагъэ­хэмрэ къыщыпIуэтэжкIэ, уи ягъэ нэгъуэщI лъэпкъхэм иумыгъэкIыу, уи гурыгъузрэ уи ­гугъэрэ зыхебгъащIэу утхэн щхьэкIэ?! Анзор и лъэ­кIыныгъэр щапхъэ зытепх хъунщ, и лэжьэкIэри нэгъэсауэ щысэтехыпIэщ. узын­шэу уи IэнатIэр илъэс куэдкIэ епхьэкIыну дынохъуэхъу ДАХ-ми, Къэбэрдей Адыгэ Хасэми къабгъэдэкIыу», – жиIащ ДАХ-м и вице-президентым.
ЗэIущIэ дахэр нэгузыужьу екIуэкIащ, уэрэдрэ лъэпкъ пшыналъэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ.
«Шапсугия» лъэпкъ газетым и тхыдэм, абы иращIэкIа гуфIэгъуэ зэIущIэм теухуа тхыгъэ ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIы­гъуэхэм я зым фыкъыще­джэ хъунущ.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.