Накъыгъэр гъатхэм и мызакъуэу, илъэс хъурейм я нэхъ мазэ дахэщ, ауэ ар ди дежкIэ лъапIэщ абы егъэщIылIа IуэхухэмкIи. Дунейм и къэрали 142-м накъыгъэм и 1-р Лэжьыгъэм и махуэу щаIэт. Ди деж ар щыщытщ Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэу икIи абы и къуэпсыр жыжьэ къыщожьэ.
1856 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м Австралием и гуащIэрыпсэухэр къэрал псом къыщызэрыIэтащ сыхьэт 12 зи кIыхьагъ лэжьэгъуэ зэманыр сыхьэти 8-м нэсу ягъэмэщIэну къагъэуву. Властхэм хуащIащ абыхэм я фIэфIыныгъэр.
Абыхэм я текIуэныгъэм игъэгушхуащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Чикагэ къалэм и рабочэхэр. 1886 гъэм накъыгъэм и 1-м ахэри уэрамхэм дыхьащ сыхьэт 15 (!) хъу лэжьэгъуэ махуэр сыхьэти 8-м нэсу ягъэмэщIэну къагъэуву. АрщхьэкIэ гуащIэрыпсэухэр зыпэщIэувахэр нэгъуэщIу къыщIэкIащ. ЩызэгурымыIуэм зэрызекъуэ къэхъуащ. ИужькIэ гуащIэрыпсэухэм ираутIыпщащ полицэр. Лъыгъажэм цIыху куэд хэкIуэдащ. Мис абыхэм я фэеплъыр ящымыгъупщэн папщIэ II Интернационалым 1889 гъэм Париж щригъэкIуэкIа конгрессым унафэ къыщащтащ накъыгъэм и 1-р ГуащIэрыпсэухэм я зэакъылэгъуныгъэм и дунейпсо махуэу (жытIэнщи, СССР-м и лъэхъэнэм а цIэ дыдэр иIэу ди деж щаIэту щытащ а гуфIэгъуэр) ягъэувыну. Зэрытлъагъущи, нэщхъеягъуэу къежьар гуфIэгъуэм хуэкIуащ.
Совет Союзым и зэманым ди къэралым Накъыгъэм и 1-р Iэтауэ щагъэлъапIэу щытащ. Дзэ парадхэр, пэкIухэр щекIуэкIырт. Уэрамхэм къыдыхьэрт цIыху зэщыхуэпыкIа мелуанхэр, зэхъуэхъухэрт, зэхуэгуфIэхэрт. СССР-м хуэдэу ахэри тхыдэм къыхэнащ. Пэжщ, иджыри ящыгъупщакъым, ауэ мащIэщ ар гъэлъэпIэн папщIэ зи Iуэхухэр зэблэзыгъэур - гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм я гуащIэгъуэщ. СлIожь, и цIэм тэмэм дыдэу йозэгъ: гъатхэмрэ лэжьыгъэмрэ зэпыщIащ.