Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэмрэ къэрал кIуэцIыдзэхэмрэ я ветеранхэм я махуэм теухуа зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ОВД-мрэ ВВ-мрэ я ветеранхэм я советым.
зэIущIэм хэтащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав, абы и къуэдзэ, полицэм и полковник Бахъуэ Аслъэн, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI, милицэм и полковник Пыхъ МуIэед, Волгоград областым и Камышин къалэм и ОВД-м и ветеранхэм я Советым и тхьэмадэ Масимов Радим, ветеранхэр.
Хъуэхъу псалъэкIэ ветеранхэм захуигъэзащ Крючков Вячеслав.
- Фэ фщыщ дэтхэнэми фIыщIэ хузощI къытщIэхъуэ щIэблэр гъэсэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуэфщIым папщIэ. Къалэныр езыхьэкI ди лэжьакIуэхэм ящIыгъуу фэ жыджэру фыхэтщ хабзэхъумэ IэнатIэм пэрыувэнухэр къыхэхыным, зэщIыгъуу профилактикэ Iуэхухэр ивогъэкIуэкI, ди лэжьэгъу хэкIуэдахэм я унагъуэхэм защIывогъакъуэ, - къыхигъэщащ министрым.
АдэкIэ нэхъыфIхэр ягъэлъэпIащ. Я лэжьакIуэхэр хэкупсэу гъэсэнымрэ ветеран зэщIэхъееныгъэм зегъэужьынымрэ хуащIа хэлъхьэныгъэм папщIэ Крючковым ветеранхэм яритащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м и щIыхь тхылъхэр. Илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэм, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэм я ветеранхэм Бахъсэн районым щиIэ къудамэм и Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтым, щIалэгъуалэр я IэщIагъэм хуегъэджэнымрэ хэкупсэу гъэсэнымрэ хуащI хэлъхьэныгъэм папщIэ Урысей МВД-м и ветеранхэм я урысейпсо жылагъуэ IуэхущIапIэм и щIыхь тхылъыр, апхуэдэуи «За заслуги» орденыр, «Хэкупсэ гъэсэныгъэм жыджэру зэрыхэтым», «Ветеран зэщIэхъееныгъэм зегъэужьынымрэ гъэбыдэнымрэ хуищIа хэлъхьэныгъэм папщIэ» медалхэр иратащ ветеран зыбжанэм.
Пыхъ МуIэед Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ МВД-м и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ зэрызыкъыщIагъакъуэм, къыхуащIа гулъытэм папщIэ икIи жиIащ адэкIи екIуу зэрызэдэлэжьэнур и фIэщ зэрыхъур.
ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.