|
ДЗЭ IУЭХУ ХЭХАМ ХЭТХЭМ ЯIУОЩIЭ
10 апреля, 2024 - 09:25
Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм къащхьэщыжынымкIэ «Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр» къэрал фондым КъБР-м щиIэ и къудамэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэмрэ зэрызэдэлэжьэнумкIэ зэраухылIа зэгурыIуэныгъэм тету, Дзэлыкъуэ щIыналъэм и прокурор Карпов Александр щIыналъэм щыщу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIущIащ. СВО-м къалэн щезыхьэкI, пIалъэкIэ я унэ къекIуэлIэжа зауэлIхэм абы зыхуагъэзащ уIэгъэ хъуахэм ират федеральнэ, щIыналъэ мылъкум, я псэупIэхэр зыхуей хуэгъэзэным и IуэхукIэ. СВО-м хэтхэр зыгъэпIейтейуэ дзэ IуэхущIапIэхэм зэрызыхуагъэзауэ щытахэр къыщыгъэлъэгъуахэм прокуратурэр щхьэхуэу хэплъэнущ.
Карповыр дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIущIэнущ мазэ къэс, ахэр зыгъэпIейтей упщIэхэм хэплъэнущ, я унагъуэхэм зэрыдэIэпыкъум и нэIэ ятригъэтынущ.
ГЪУЭТ Синэ.
|
05.05.2024 - 09:03 Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм. |
|
04.05.2024 - 09:03 УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ. |
|
04.05.2024 - 09:03 Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. |
|
03.05.2024 - 09:15 ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну.
|
|
03.05.2024 - 09:13 Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг |
|