АФIЭУНЭХЭ Я УНАГЪУЭ ДАХЭР

Сабий гъэсапIэ №8-м и унафэщI АфIэунэ Дадий КъБР-м и Iэтащхьэм къыхуигъэфэщащ «Анэм и щIыхь» медалыр.

КъыжыIапхъэщ, илъэс 41-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Дадий и анэ Уэрдокъуэ Абчари «Анэ-лIыхъужь» щIыхьыцIэр къратауэ зэрыщытар. Бынунагъуэшхуэм къыщыхъуа, зэдэлъхузэшыпхъухэм я нэхъыжь Дадий жэуаплыныгъэ зыхищIэу къэхъуащ икIи сыт щыгъуи игъэнэ­хъапэр и адэ-анэмрэ къыдалъхуахэмрэт. Шыпхъуищрэ зы дэлъхурэ зиIэ Дадий и бынхэми апхуэдэ унагъуэшхуэкIэ яхуэхъуапсэрт. 
Дадийрэ и щхьэгъусэмрэ я унагъуэр щапхъэщ, къалэнхэр зэрызэдагуэшымрэ зыр адрейм зэрыдэIэпыкъумкIэ. ЩIалищрэ зы хъы­джэбзрэ къызыщIэува адэ-анэм иджы я бынхэри я щIэгъэкъуэнщ. Лэжьыгъэри унагъуэ Iуэхухэри зи пщэрылъ унэгуащэр псоми хунос. 
- ЗэрысщIэжрэ сабийхэм сахэтщ. ЯпэщIыкIэ шыпхъу, дэлъху нэхъыщIэхэм, иужькIэ си сабийхэм сакIэлъыплъу щытащ. Иужьым сабий гъэсапIэр IэнатIэ схуэхъуауэ цIыкIухэм сахэтщ, - жеIэ Дадий. - ЦIыкIухэм дакIэлъыплъым и мызакъуэу, абыхэм зедгъэужьыныр, щIэхэм хуэдгъэсэныр ди къалэнщ. АбыкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ди гъэсапIэм къыщызэIутха театр гупжьейм. Гъэр и кIэм щынэскIэ, адэ-анэхэр къыдогъэблагъэри, сабийхэр щыджэгу спектакль догъэлъагъуэ. КъыжыIапхъэщ, билетым пщIэ зэрыщIатыр. Ар актёр ныбжьыщIэхэм ятыдогуэшэж. Я лэжьыгъэм къыпэкIуа япэ сомым ахэр зэригъэгушхуэр къэIуэтэжыгъуейщ! Илъэс къэс псапэ жармыкIэ къызыдогъэпэщри, сабий хуэмыщIахэм дадоIэпыкъу. Нэхъыщхьэр си лэжьыгъэм сэбэп къызэрыпэкIуэмрэ цIыхухэм сазэрыщхьэпэрщ. 
ПщIэрэ нэмысрэ зэрылъ, адыгэ хабзэр щызекIуэ АфIэунэхэ я унагъуэ дахэм зыгъэпсэхугъуэ махуэхэмрэ махуэшхуэхэмрэ гукъинэжу ягъакIуэ. Псом хуэмыдэу зыхалъхьэ щымыIэу фIыуэ ялъагъу къыщыхъуа Зэрэгъыж къуажэр. Хабзэмрэ гъэсэныгъэмрэ хуэфащэ гулъытэ щыхуащI унагъуэр щапхъэщ!
Мыбы зы закъуэщ дыщIыдгъужын хуейуэ къэтлъытэр - Дадий зи пхъур псоми фIыуэ тцIыху тхакIуэ, усакIуэ, драматург IутIыж Борисщ. АбыкIэ жытIэну дызыхуейращи, адыгэ унагъуэ тэмэмым къыщы­хъуам щапхъэфI иIащ щапхъэ хъунымкIэ. 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг