Джэрмэшыкым и гъащIэ купщIафIэр.

Зыужьыныгъэм, фIым хуэгъэпса сыт хуэдэ Iуэхуми хуэмыщхьэх цIыхум куэд зрегъэхъулIэф. Апхуэ­дэщ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэм дэт курыт еджапIэм физичес­кэ щэнхабзэмрэ ОБЖ-мкIэ щезыгъаджэ Джэрмэшык Хьэжмурат Дулыхь и ­къуэр. Илъэс 40-м щIигъуауэ ар пэрытщ егъэджэныгъэ-гъэ­сэ­ныгъэ IэнатIэм. Джэ­р­мэшыкым и гъащIэ куп­щIафIэр, и Iуэху дахэхэр къытщIэхъуэ щIэблэм я дежкIэ щапхъэщ.
И псэм фIэфI, махуэ къэс дэрэжэгъуэ къезыт IэнатIэм пэрыт дэтхэнэми ирихьэкI лэжьыгъэхэр сытым дежи дахэщ икIи къохъулIэ. Нэ­хъапэкIэ къыхиха унэтIыныгъэр лэжьыгъэ гъуэгуанэм щIэдзапIэ хуэхъуами, Хьэжмурат и гум дыхьэ а Iуэхум зэрыпэрытрэ куэд дыдэ щIакъым.
Ар Тэрч районым хыхьэ Инарыкъуей къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэ школыр къиуха нэужь щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну 1970 гъэм ар щIэтIысхьауэ щытащ Осетие Ищхъэрэм дэт педагогикэ училищэм. Къыхиха унэтIыныгъэр пэ­щIэ­дзэ классхэм я егъэджакIуэ хъунырт. Нэхъы­жьыфIым зэрыжиIэжымкIэ, 8-нэ классым щIэсу и адэ-анэм «егъэджакIуэфI къып­хэкIынут» жаIэу зэхрагъэха псалъэхэрщ апхуэдэ лъа­гъуэм тезышар. ЩIэныгъэ зри­гъэгъуэту дипломыр къы­Iэрыхьа нэужь, Хьэж­­мурат Кизляр къалэ дэт курыт школым щылэжьэну ягъэкIуат. Мазэ зыбжанэкIэ пэщIэдзэ классхэм щригъэджауэ къэралым къулыкъу хуищIэну ираджэри, илъэ­ситIкIэ хьэуа-десант дзэм хэтащ. Армэм кIуэн ипэкIэ ар бгъуэнейрэ парашюткIэ къелъауэ щытати, къулыкъур ирихьэкIыху а бжыгъэм 67-рэ хигъахъуэри, «Парашютист-отличник» цIэр къыфIащат.
Унэм къигъэзэжа нэужь Джэрмэшыкым Курп Ипщэ къуажэм дэт курыт школым пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу лэжьэн щыщIи­дзащ. А IэнатIэм зэрыпэры­тым хуэдэурэ КъБКъУ-м тхыдэмкIэ иIэ къудамэм заочнэу щIэтIысхьэжри, ар ­къиухыжащ, дипломыр къы­Iэрыхьа нэужь, абы тхыдэмкIэ щригъэджэн щIидзащ. Сыхьэт бжыгъэ иIыгъхэм ­къа­дэкIуэу IуэхущIапIэм щра­гъэкIуэкI классщIыб лэ­жьы­гъэхэм я къызэгъэпэща­кIуэуи лажьэрт Хьэжмурат, къуажэми, районми щекIуэкI Iуэхухэм жыджэру хэтт. Абы и щыхьэтщ «ЩIэныгъэ» урысей зэгухьэныгъэм Тэрч щIыналъэм щиIа къудамэм жэуап зыхь и секретару а зэманым зэрылэжьар.
ИужькIэ и Iуэху зехьэкIэр, школ лэжьыгъэм гурэ-псэкIэ зэрыбгъэдэтыр къалъытэри, Хьэжмурат 1984 гъэм Курп Ипщэ курыт школым и уна­фэщIу ягъэуващ икIи а IэнатIэм илъэсиплIкIэ пэрытащ. А зэманым зэфIагъэкIахэм ящыщу нэхъ гукъинэжт  егъэ­джакIуэхэри еджа­кIуэ­хэ­ри и дэIэпыкъуэгъуу ­тхьэ­кIу­мэкIыхь щагъэхъу фермэ къызэрагъэпэщауэ зэ­рыщытар. Абы щы­лэ­жьэ­ну бригадэ щхьэхуэ яIэу, хуаб­жьу цIэрыIуэ ­хъуауэ ­гъунэгъу районхэми къи­кIы­у­рэ къакIэлъыплъу щытащ.
Джэрмэшыкыр апхуэдэу зэрыгушхуэхэм ящыщщ а зэманым курыт еджапIэм лъыхъуакIуэ гуп, Iэщыжь Лёлэ Эльдар и пхъур я нэхъыщхьэу, къыщызэрагъэ­пэщу зэрыщылэжьар. Гупым хэт школакIуэхэр Хэку зауэшхуэм и зэманым зауэ гуа­щIэ щекIуэкIа Курп лъагапIэхэм деж сэлэтхэм я хьэп­шып зэмылIэужьыгъуэ куэд къыщагъуэтыжат, ахэр зэхуахьэсурэ школым хэт музейм щIалъхьат. А зэманым апхуэдэу къагъуэтыжащ сэ­лэт пщIы бжыгъэхэм я  хьэдэ ­къупщхьэхэр икIи еджапIэм и пщIантIэм къуэшыкхъэ къы­щызэрагъэпэщри, абы щы­щIалъхьауэ щытащ. Иужь­кIэ гъуэгубгъуитIым жыг­хэр кърагъэтIысэкIри, «Аллея памяти» фIащауэ нобэми з­эрахьэ, кIэлъоплъ.
Хьэжмурат школ унафэщIу щыщыта илъэсхэм иджыри зы Iуэху дахэ ирагъэжьат- ар авиамодельнэ гуп­жьей еджапIэм къызэ­рыщы­зэIуа­харт. Къыхэ­гъэ­щып­хъэщ ар ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэу нобэми зэрылажьэр.
1988 гъэм еджапIэм и уна­фэщI къулыкъум къыпэрашри, Джэрмэшыкыр Инарыкъуей къуажэм Лениным и цIэр зэрихьэу щыIа колхозым и парткомым и секретару хахауэ щытащ. 1991 гъэм щIалэ ахъырзэманыр къуа­жэм и Iэтащхьэу хахри, къуажэдэсхэр къыхуэ­арэ­зыуэ илъэс бжыгъэкIэ а къулы­къур ирихьэкIащ.
Абы щыгъуэ зэманри гу­гъут, къуажэр здэщыс щIы­пIэри пхыдзати, газыр екIуа­лIэртэкъым, псыри хуиту ягъуэ­тыртэкъым. Ауэ уна­фэщIым и къуажэгъухэр и дэIэпыкъуэгъуу а зэманым жылэм газыр кърашэлIэн яхузэфIэкIат.
Къуажэдэсхэр зэрыгуш­хуэ­хэм ящыщт Инарыкъуей къуажэ администрацэм зыми емыпхауэ радио зэригъэлажьэр. Нэтынхэр ягъэ­хьэзырырт Ныбэжь Нинэрэ Къэбэрдокъуэ Русланрэ. Къэ­ралым щекIуэкI Iуэху гъэ­щIэгъуэнхэм, щIэныгъэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ тэрчдэсхэм яIэ ехъулIэныгъэхэм ятеухуа хъыбархэр ­къатырт радиомкIэ, къуа­жэм гуфIэгъуэ, гузэвэгъуэ дэлъ­мэ, ахэри хэIущIыIу ящIырт. ИужькIэ дэIэпыкъу­ныгъэ ямы­гъуэту, ар зэхуа­щIыжауэ щытащ.
Хьэжмурат и псалъэхэм апхуэдэу къыхегъэщ а IэнатIэм щыпэрыта илъэсхэм и къуажэгъухэр куэдкIэ дэ­Iэ­пыкъуэгъу къызэрыхуэ­хъуар­. ЗэхэщIыкI лъагэ яIэу, я псэр етауэ дэтхэнэ лэжьыгъэми бгъэдыхьэу, къуажэ гъащIэр сыт и лъэныкъуэкIи нэхъ тынш, дахэ зэращIы­ным хущIэкъуу, зыкъыщIагъакъуэу къызэрыкъуэтар.
Иджыпсту зыпэрыт IэнатIэми хьэлэлу бгъэдэтщ Хьэж­мурат. И пщэ къыдэхуэ дерсхэр иту зэфIимыгъэ­кIыу, абы сабийхэм клас­с­щIыб лэ­жьыгъэхэри ядре­гъэ­кIуэкI. И гъэсэнхэм ­рай­он­ми, республикэми, ­уеб­лэмэ гъунэгъу щIы­на­лъэ­хэми ще­кIуэкI спорт зэ­хьэзэхуэхэм бжьы­пэр щаубыду апхуэ­дэщ. Абы­хэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, абы и нэIэ зытет щIалэхэр Сочэ къалэм «Уличный красава» фIэщыгъэр иIэу футболымкIэ иджыб­лагъэ ще­кIуэкIа зэ­хьэ­зэхуэм япэ увыпIэр къы­зэрыщахьар. Егъ­э­джакIуэм зэрыжиIэмкIэ, и гугъуехьхэм къарикIуэ апхуэдэ Iуэху дахэхэм къару кърат, иджыри лъагапIэщIэхэм щхьэдэхыну трагъэгушхуэ.
Джэрмэшыкыр ящыщщ Тэрч щIыналъэм щыIэ «Спор­тым и ветеранхэр» зэгухьэныгъэм хэтхэм. Къыхэгъэщыпхъэщ абы и жэрдэмкIэ къыхалъхьауэ илъэситху хъуауэ щIыналъэм «Курп ­гъатхэ» фIэщыгъэр иIэу волейболымкIэ зэпеуэ зэрыщ­рагъэкIуэкIыр. Мы зэхьэ­зэхуэм хэтщ районым ит IуэхущIапIэхэм я лэжьа­кIуэ­хэр, ап­хуэ­дэу гъунэгъу щIы­пIэхэм къикIхэри.
Джэрмэшыкым иригъэ­кIуэкI лэжьыгъэхэр къэ­ралым гулъытэншэ ищIыркъым. Егъэджэныгъэ IэнатIэм илъэс куэд щIауэ зэ­рыпэрытыр, спортым, фи­зическэ щэнхабзэм и зыу­жьыныгъэм папщIэ ­иригъэкIуэкI лэжьыгъэфIыр ­къа­лъытэри, Джэрмэ-­ шы­кым къыхуагъэфэщащ «ЦIы­ху­бэр егъэджэным и отличник» цIэ лъапIэр, КъБР-м и Парламентым и фIыщIэ тхылъыр УФ-м щIэныгъэмрэ лъэпкъ егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм пэрытхэм я профсоюзым, КъБР-м Спортым­рэ туризмэмкIэ и минис­терст­вэм, Тэрч щIыналъэ ад­министрацэм къабгъэ­дэкI щIыхь тхылъхэр къы­хуагъэ­фэщащ, нэгъуэщI­хэ­ри къратащ.
Къуажэдэсхэм пщIэшхуэ зыхуащI, щапхъэ зытрах уна­гъуэу мэпсэу Джэрмэ­шыкыр. Абырэ и щхьэгъусэ Эльмерэрэ (ари географиемкIэ егъэджакIуэу илъэс куэдкIэ лэжьащ) бынитI зэдапIащ, гъащIэм гъуэгу дахэ щытрагъэуващ. Я къуэ нэхъыжь Хьэзрэт Мэзкуу щолажьэ. ИлъэсиплI ипэкIэ Хьэж­муратрэ Эльмерэрэ ­гуауэшхуэ къажьэхэуащ, я ­къуэ нэхъыщIэ Албиян дунейм ехыжащ. Гуауэмрэ гуфIэгъуэмрэ зэпылъщ жаIэ игъащIэми, абы и фэеплъу къахуэна я къуэрылъху Самие цIыкIу я гурыфIыгъуэу дадэ-нанэр нобэ мэпсэу.

ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.