Жанхэр, гурыхуэхэр, Iущхэр

ЦIыхум и дуней тетыкIэ хъунур нэхъыбэ дыдэу сабиигъуэ зэманым епхауэ къыщIэкIынущ. И гупсысэр зэтеувэн щIедзэ, и хъуреягъым кIэлъоплъ, упщIэрей мэхъу. Дауи, дахагъэ куэду илъагъун хуейщ. ЦIыкIухэм я гъэсэныгъэм теухуауэ ­къа­лэн гугъу ягъэзащIэ сабий садхэм. Иджыблагъэ деп­лъащ ныбжьыщIэхэмрэ я гъэсакIуэхэмрэ я зэпы­щIэ­ныгъэ гуапэр къызыхэщ Iуэхугъуэ. Щхьэлыкъуэ сабий сад №2-м щекIуэкIащ Шэ­джэм щIыналъэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и лэжьа­кIуэхэр, сабий садхэм я унафэщIхэр зрагъэблэгъа семинар. Ар Iыхьэ-Iыхьэу гуэшат. 

Пасэреи нобэреи

Iуэхур Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ теухуа гъэлъэгъуэныгъэхэмкIэ къы­зэ­Iуахащ. Абыхэм яхэтт па­сэрей хьэпшыпхэри, гъэсакIуэ IэпэIэсэхэм я IэрыкIхэри, сабийхэр ящIыгъуу зэлэжьахэри. Хьэпшыпхэм къаIуатэрт тхыдэ хъыбари, лъэпкъ IэщIагъэхэм ятеухуа гупсыси, шхы­ныгъуэ IэфIхэм епха хабзэхэри, щэнхабзэм и дахагъи. 

ЩIэблэр губзыгъэу бгъэсэнумэ…

Егъэджэныгъэ Iэмалхэр сабий садым къызэрыщагъэ­сэбэпым, и зыужьыкIэм, зэхъуэкIыныгъэхэм теухуауэ гъэсакIуэ Мэремкъул Иринэ и Iуэху еплъыкIэм щигъэгъуэзащ зэIущIэм хэтахэр. 
- XXI лIэщIыгъуэм технологие, Iэмал щIэщыгъуэ куэд къэунэхуащ. Сабий садым щылажьэ дэтхэнэри иужьрей илъэсхэм егупсысагъэнущ «Сыт Урысейм и сабий садхэм щыIэ егъэджэныгъэм ­игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэм ­кърикIуэр, сыт тщIэн хуейр зэманым къезэгърэ сабийм я зэхэщIыкIым дыхуэсакъыу абыхэм дадэлэжьэным папщIэ?» жиIэу. ЩIэ куэд къоунэху, апщIондэхункIи хуабжьу зехъуэж дызэса лэжьэ­кIэм. Сабиигъуэм, гъэсэныгъэм теухуауэ къалэн зиIэ цIыхухэр нэхъыщхьэ дыдэу зытетын хуейр сыт? Абыхэм епха упщIэ куэдым я жэуап къыщыдгъуэтынущ 2023 гъэм и фокIадэм щегъэжьауэ къэралым и сабий садхэр зытехьэн хуейуэ къару зы­гъуэта федеральнэ егъэджэ­ныгъэ программэхэм, - жиIащ Иринэ. ГъэсакIуэр зытепсэ­лъы­хьа Iэмалхэм ящыщщ сабий къэс бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэбгъуэтыныр, сабийм зиужьын папщIэ ар щагъасэ пэшхэр тыншу къы­зэ-
­гъэпэщыныр, бжыгъэхэм тет я ныбжьым зэрыхуэкIуэм елъытауэ къэгъэсэбэпыныр, цIыкIухэм я зэфIэкI къызэ­къуегъэхыныр, гъэсакIуэ­хэм­рэ адэ-анэхэмрэ зэрыщIэу сабийм и гупсысэм зрагъэу­жьыныр, цIыкIухэр щэнха­бзэм щIэпIыкIыныр. 
ГъэсакIуэм къыхигъэщащ федеральнэ егъэджэныгъэ программэм нэхъыщхьэ ды­дэу къахэщхэм ящыщ зы - сабий садым екIуалIэ сабийхэр хэкупсэу гъэсэныр. Къыщалъхуа щIыпIэм, къэралым теухуауэ я гупсысэм къизэгъэн хуэдиз щIэныгъэ етын, зыщыпсэу щIыналъэм щы­зэрахьэ щэнхабзэм хащIы­кIыу къыдэгъэкIуэтеин хуейщ щIэблэр. 
Мэремкъул Иринэ иригъэ­кIуэкIащ мастер-классхэри: сабийр даIуэрэ гупсысэфу егъэсэнымкIэ «Машэрэ мы­щэхэмрэ» зыфIищар, гъэса­кIуэмрэ адэ-анэхэмрэ зэдэлэ­жьэнымкIэ Iэмалхэр къызы­хэщ «Гуэл телъыджэ»-р.

Дамыгъэхэм - пщIэ!

Сабийхэр зыхэт дерс иригъэкIуэкIащ гъэсакIуэ Тэтэр Жаннэ. Ар теухуат Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-­Балъкъэрымрэ я дамыгъэ нэхъыщхьэхэм - ныпым, гербым, гимным, къэралымрэ республикэмрэ я щIыпIэ телъыджэхэм, Урысейр нэ­гъуэщI къэралхэм къахэзыгъэщхьэхукI Iуэхугъуэхэм. Сабийхэр тегушхуауэ хэтащ ­дерсым. Я зэфIэкIхэр ягъэ­­лъэгъуащ гъэсакIуэм и уп­щIэхэм гъэхуауэ пэджэжкIэ­рэ, Хэкум и уардагъыр къы­зыхэщ усэхэм къеджэкIэрэ, къэрал, республикэ дамыгъэхэм къарыкIхэр къызэ­пкърахкIэрэ. Псом хуэмыдэу щIэщыгъуэт узыпхыплъ доска иным цIыкIухэм зэгъусэу тращIыхьа «Дунейр сабийхэм я нэкIэ» сурэтыр - хэт уафэ къащхъуэ, хэт дыгъэ, хэт ­удзыпцIэ, хэти жыгхэмрэ удз гъэгъахэмрэ ящIащ зэмыфэгъуу. Псоми зэщIыгъуу ящIа сурэтым къыхэщырт къабзагъи, хуабагъи, мамырыгъи. 
- ЦIыкIухэр хэкупсэу гъэсэ­нырщ, къэрал дамыгъэхэм пщIэ зэрыхуащIыпхъэр къагурыгъэIуэнырщ, къэралым­рэ республикэмрэ теухуауэ щIэ къегъэщIэнырщ къэдгъэлъэгъуа лэжьыгъэм и куп­щIэр. Абы папщIэ къэзгъэ­сэбэпащ джэгукIэр, упщIэ-жэуапыр, гъуазджэм и Iэмалыр. ЦIыкIухэр щызгъэ­хьэ­-
зырми гуапэ сщыхъуа куэд ядэслъэгъуащ, пэжым ухуеймэ. Япэ дыдэу гимныр къыщезгъэуам, езыхэм зыхащIащ абы ущыту уедэIуэн зэрыхуейри, макъамэр имыухауэ упсалъэ зэрымыхъунури. ЖыпIэнурамэ, си сабийхэм сазэрыщыгугъа псори ягъэ­зэщIащ, арэзы сыкъащIащ, - жиIащ Жаннэ. 

«Сосрыкъуэ мафIэ
къызэрихьыжар»

Къашыргъэ ФатIимэрэ НафIэдз Альбинэрэ я гъэсэнхэм телъыджэу къагъэлъэ­гъуащ «Сосрыкъуэ мафIэ къызэрихьыжар» теплъэ­гъуэр. Гухэхъуэт адыгэ фащэм нэщхъыфIэ ищIа, адыгэбзэр къабзу зыIурылъ, нарт лIыхъужьхэм я псалъэхэр Iэзэу зэпэзыдзыж, сабийхэм уакIэлъыплъыну. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым сабийхэм пщэрылъ къыщащIам фIы дыдэу зэрыпэлъэщар. Дэтхэнэми и образыр екIут, и псалъэхэр гум къыбгъэдэкIырт, хэлъэт иIэт. Сабийхэм нарт пшыналъэм хэт пычыгъуэ кIыхьхэр я гум зэрыраубыдами уигъэгуфIэрт. ЦIыкIухэм зэгъусэу жаIащ «Дэ адыгэм ди хабзэр аращ» уэрэдыр, уеблэмэ адыгэ къафэ лIэужьыгъуэхэм ящыщу тыншу къыпхуэмы­лъытэну уджкIэ дагъэгуфIащ. 
- Ди гъэсэнхэм адыгэ нарт эпосыр къедгъэцIыхуныр, нартым я лIыгъэр щапхъэу къахуэтхьыныр, Сосрыкъуэ и лIыхъужьыгъэр зыхедгъэ­щIэ­ныр, абы къыдэкIуэуи ди бзэр зэрыкъулейр я фIэщ тщIыныр - мыхэрат теплъэ­гъуэр щыдгъэхьэзырым къалэну зы­хуэдгъэувыжар. Дауи, Iуэ­рыIуатэм цIыху егъасэ - мыр лъэпкъым ди хъугъуэ­фIы­гъуэшхуэщ. Къыхэзгъэ­щы­нут: цIыкIухэм ядэлэжьэн щыщIэддзам языныкъуэ сабийхэм анэдэлъхубзэр ири­къуу ящIэртэкъым, усэхэр е тхыгъэ пычыгъуэхэр зэрагъэщIэн хуэдизу ягъэшэры­уэр­тэкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ гугъу дадехьащ. Нобэ гу зэрылъыфтащи, ди сабийхэм я адыгэбзэр къабзэщ. Ди гупым урыси, уеблэмэ куржыи хэтщ. Абыхэми зыкъагъэлъэгъуащ, адыгэ фащэр екIуу ящыгъыу, - жиIащ Къашыргъэ ФатIимэ. 
- Пэжщ, адыгэбзэкIэ шэры­уэу, къабзэу ди гъэсэнхэр къэдгъэпсэлъэн, пшыналъэм щыщ пычыгъуэхэр едгъэщIэн папщIэ Iэмал дылъыхъуащ, гугъу зедгъэхьащ. Жагъуэ зэрыхъунщи, ди зэманым адыгэбзэм адыгэ унагъуэ псоми щрипсалъэркъым. Анэ­дэлъхубзэкIэ таурыхъ гъэ­щIэгъуэнхэм дакъыхуеджащ, адыгэ хабзэм хиубыдэхэм дахутепсэлъхьащ, нарт пшыналъэхэм гъэщIэгъуэну хэтхэм гу лъедгъэтащ. Мис, иджы ди гугъуехьым и жылэр тлъэ­гъуати, дэри дамэ къытте­кIащ, - дыщIигъуащ Альбинэ. 
Сабий садым и унафэщI Иуан Агнессэ жиIащ бзэм и Iуэхум теухуауэ нэхъыбэу адэ-анэхэм ядэлэжьэн хуей зэрыхъур, сыту жыпIэмэ, щIэблэм анэдэлъхубзэ яIурылъынымкIэ ахэращ нэхъыщхьэу жэуап зыхьыр. 
- Адыгэбзэм и Iуэхур хэплъэгъуэ зэрыхъур долъагъури, ди гъэсэнхэм гулъытэ яхудощI абы теухуауэ. Адэ-анэхэм допсалъэ, долъэIу, унэм я бзэкIэ къыщепсэлъэну, цIыкIу­хэр зыщIэупщIэIамэ, анэдэлъхубзэкIэ жэуап къратыжыну, - къыхигъэщащ абы. 

ХьэщIэхэм
я псалъэ

Шэджэм щIыналъэ администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Щыхьмырзэ ФатIимэ сабий садым и уна­фэщIым, гъэсакIуэхэм фIы­щIэ яхуищIащ зыпэрыт IэнатIэм псэкIэ зэрыбгъэдэтым папщIэ, къыхигъэщащ семинарым хуагъэхьэзыра дерс­хэр, теплъэгъуэр, къафэхэм­рэ уэрэдхэмрэ, утыку итыкIэр щапхъэу ягъэлъагъуэм зэры­хуэдэр. 
- «Сосрыкъуэ мафIэ къызэ­ри­хьыжам» гукIи псэкIи щыджэгуащ фи лIыхъужь цIыкIухэр. Сэ згъэщIэгъуащ сабийхэм я гурыхуагъэр, сыту жыпIэмэ, псоми гу лъыттащ усэрэ едзыгъуэу, прозэм щыщ пычыгъуэу абыхэм зэ­рагъэщIэфар я ныбжьымкIэ тIэкIу зэрыгугъур. Актёр Iэзагъэм щыхуагъасэу пIэрэ мыбы жысIэу сыщIэупщIащ, уеблэмэ. «Хьэуэ» къызжаIэщ. Ауэ щыхъукIэ, а псор зи фIыщIэр сабий садым и лэ­жьакIуэ гумызагъэхэрщ. ФIы­щIэ ин фхузощI анэдэлъхубзэр сабийхэм яIурылъыным, щэнхабзэр ящIэным гулъытэ зэрыхуэфщIым папщIэ, - жиIащ Шэджэм щIыналъэм и профсоюз комитетым и уна­фэщI Энеевэ Лизэ. 
- Нобэ гъэсакIуэхэм я зэфIэ­кIым, сабийхэм я Iущагъым дыгушхуэу дыкIэлъыплъащ. Псэр ягъэтыншу зыкъагъэлъэгъуащ сабийхэм: хэку­псагъэм щыхуагъэса дерсми, нарт пшыналъэм и теплъэ­гъуэми, уэрэд жыIэнми, къэ­фэнми. Тхьэм нэхъри фригъэфIакIуэ! - захуигъэзащ гъэсакIуэхэм «Ручеёк» сабий садым и унафэщI КIэрэф Ларисэ. 
ХьэщIэхэм жаIащ мызэ-мытIэу сабий садым игъэ­хьэзыра щIэныгъэ лэжьыгъи цIыкIухэр зыхэт Iуэхугъуэхэри зэралъэгъуар, абы папщIэ къагъэсэбэп Iэмалхэм сыт щыгъуи щIэщыгъуагъ зэрыхалъхьэр. 

ГУГЪУЭТ  Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг