ЩIЭБЛЭ ГЪЭСЭКIЭМ И ЗЫ IЭМАЛ

Театрымрэ киномрэ я актёр, режиссёр, «Сыринэ» щIалэгъуалэ театрым и художественнэ унафэщI Къанкъул Ислъам зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэм ядолажьэ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Шэрджэс дуней» щэнхабзэ фондым 2021 гъэм къызэригъэпэщащ «Сыринэ» япэ щIалэгъуалэ адыгэ театрыр. Иджы дыдэ мы театрыр лауреат щыхъуащ «Театральная завалинка» XXX урысейпсо щIалэгъуалэ фестивалым. Ар ирагъэкIуэкIащ щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фондымрэ УФ-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ я дэIэпыкъуэгъуу.

ЩIэблэм уадэлэжьэну мытыншу къалъытэми, Ислъам ар къехъулIэу жыпIэ хъунущ, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къазэрыхуигъуэтыфыр, ныбжьыщIэхэм пщIэ къызэрыхуащIыр, я дзыхь къызэрырагъэзыр нэрылъагъущи.  Къанкъулым къызэрилъытэмкIэ, театрым къакIуэ щIалэгъуалэр акъылыфIэщ,  икIи ахэр иригъаджэ къудей мыхъуу, езыми абыхэм я деж щIэ куэд къыщещIэ.

- ЩIэблэр бгъэсэныр, ахэр зыгуэрым хуебгъэджэныр насыпышхуэщ. Си щхьэкIэ щIэ, щхьэпэ яхуэхъун гуэрхэмкIэ ныбжьыщIэхэм сащыдэгуашэкIэ дамэ къыстокIэр, - жеIэ  Ислъам. – Ди къалэн нэхъыщхьэри анэдэлъхубзэр, лъэпкъ щэнхабзэр тхъумэнымрэ щIэблэм хьэл-щэн дахэ яхэтлъхьэнымрэщ.

Адыгэ щIалэгъуалэ театрым адыгэ спектаклхэр утыку къызэрырихьэр уасэншэщ. «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, драматург, усакIуэ Къаныкъуэ Заринэ «Сыринэ» театрым адыгэбзэкIэ хуитха «Унащхьэ», «КъежэкI» пьесэхэм къытращIыкIа спектакльхэр щIэупщIэшхуэ яIэу ди республикэми  нэгъуэщI щIыпIэхэми щагъэлъэгъуащ. Нэхъыщхьэращи, ахэр теухуащ щIэблэр нобэ зыгъэгузавэ Iуэху зэIумыбзхэм.

- ЩIалэгъуалэм я ныбжьым хуэмыгъэза ролхэр щагъэзащIэм деж сфIэфIкъым, я адэхэм, анэхэм, анэшхуэхэм, гуащэмрэ нысэмрэ, зэщхьэгъусэхэм я зэхущытыкIэхэр къыщагъэлъагъуэкIэ. Ар абыхэм я ролкъым. ЩIэблэм яку дэлъ зэхущытыкIэхэр, ахэр я адэ-анэмрэ егъэджакIуэхэмрэ къазэрыдекIуэкIырщ  утыкум щагъэлъэгъуэну къезэгъыр, - жеIэ Къанкъулым.

«Сыринэ» театрым и лэжьыгъэхэр къыщыбгъуэтынущ щIэупщIэ зиIэ «Дыгъэ бзий» адыгэ онлайн-театрым. ГъащIэм теухуа теплъэгъуэхэмрэ гушыIэхэмрэ, фильм кIэщIхэр - дэрэжэгъуэ къывэзытын  куэд къыщыфпоплъэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз