НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я ЗЭПЕУЭ

Жэпуэгъуэм и 6 – 8-хэм Ингуш республикэм хыхьэ Назрань къалэм и «Магас» спорт уардэунэм Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ.

ЩIалэрэ хъыджэбзу 500-м нэблагъэ махуищкIэ щIэбэнащ медалу комплект 17-м. Зэпеуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщхэм медалибгъу къыщахьащ.
Килограмм 55-рэ зи хьэлъагъхэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ Iэрыпщэ ­Къантемыр. Дыжьын медаль къихьащ Хъуран Каринэ, ар щыбэнар килог­рамм 48-рэ хъухэм я дежщ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэ зыIэригъэхьащ килограмм 90 хъу гупым щыбанэ Беслъэней Дамир. 
Зэпеуэм и домбеякъ медалхэр къахьащ Вэрокъуэ Лалинэ (кг 57-рэ), Зэрэ­къуш Iэминэ (кг 70), Хъуран Къантемыррэ КъуэщIысокъуэ Амырхъанрэ ­(кг ­55-рэ), КIуж Тамерлан (кг 60), Бер Руслан (кг 73-рэ) сымэ.
Етхуанэ увыпIэр къахьащ Темрокъуэ Идаррэ Iэрыпщэ Iэдэмрэ (кг 50), Борэн Инал (кг 60), БищIо Атхъан (кг 60), Мамий Атмиррэ Абдуллаев Сэлимрэ ­­(кг 73-рэ), Жылэ Идар (кг 81-рэ).
Абыхэм псоми Iэмал ягъуэтащ Урысей Федерацэм дзюдомкIэ бжьыпэр щыубыдыным теухуауэ Барнаул къалэм щэкIуэгъуэм и 7 - 13-хэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм я зэфIэкIыр къыщагъэлъэгъуэну.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.