Нобэ интернетыр къызэIупхамэ, видео пычыгъуэхэм щIэх-щIэхыурэ урохьэлIэ, хьэгъуэлIыгъуэ е нэгъуэщI гуфIэгъуэ зэхыхьэм утыкум къафэу ит пщащэм щIакIуэ трапхъуэрэ, щIалэхэм ирахьэжьэу. Ар адыгэ хабзэм и зы Iыхьэщ, адыгэр зэсэжащ. Ауэ апхуэдэ видео роликхэм кIэщIэтхыхь цIыхухэм я гупсысэкIэр апхуэдизкIэ зэтехуэркъыми, гъэщIэгъуэн куэд ятх. Адыгэми апхуэдэ хабзэм зыри хэзымыщIыкIми къаIуатэ гупсысэхэм укъегъэуIэбжь, а Iуэхум лъабжьэ хуэхъур зэрамыщIэм куэдым урегъэгупсыс. Пэжщ, псоми зэхуэдэу зыгуэр ягу ирихьыркъым, е зэхуэдэу Iумпэм ящIыркъым. Щхьэж и еплъыкIэ иIэжщ, ауэ, дахэми-Iейми, ди лъэпкъ хабзэу къекIуэкI унэидзыхьэм и купщIэм иджыри зэ ди газет напэкIуэцIым дыщытепсэлъыхьыну игъуэу къэтлъытащ.
Унэидзыхьэр къызыхэкlар Iуэхугъуэ Iэджэм епхауэ щытауэ жыпlэ хъунущ: адыгэ хабзэм идэу щытакъым, цlыхубзыр езым и унафэкIэ зыфlэфlым дэкlуэну.
Щlалэмрэ хъыджэбзымрэ зэгуакlуэрт, зэрышэнуи зэгурыlуэрт. Ауэ хъыджэбзым езым и унафэкlэ дэкlуэ зэрымыхъунур ищlэрти, щlалэм жриlэрт:
- Сэ уэ псэуэгъуу сыбдэкlуэну си гуапэщ икlи сыхьэзырщ, ауэ си lыхьлыхэр зэрыткlийр уэри бощlэ, къыслъыхъуи, сыкъуатмэ, сыхьэзырщ.
Хъыджэбзыр арэзыуэ жэуап къызэрыритам щlалэр игъэгушхуэрти, хъыджэбзым лъыхъун иригъажьэрт. Апхуэдэ Iуэхухэм фlыуэ щыгъуазэ лlы къилъыхъуэрти, игъакlуэрт хъыджэбзым лъигъэхъуну. Зэрыхабзэти, кlyap хъыджэбзым я деж дэмыхьэу, нэхъ зыхуэфащэ гуэрым бгъэдыхьэрти, «мыпхуэдэм сралIыкlуэщ, мыпхуэдэ фи хъыджэбзымкlэ благъэ фыкъащIыну мурад къыфхуащlати, сыкъагъэкlуащ», - жриIэрт.
- Захуэщ, хъыбар зыщlапхъэхэм яжесIэнщи, жэуапыр пIэрызгъэхьэжынщ, - жиIэрт зыбгъэдыхьам.
Ар къыжезыIэр анэшынкIэ хъунт, пхъурылъхункIэ хъунт, адэ къуэшынкIэ хъунт.
Абы пхъур зейхэм хъыбар яригъащIэрт. «Мыпхуэдэм благъэ фыкъащIыну мурад ящIауэ къыфлъохъу!», - жиlэрти. Хъыджэбзыр зейхэм къыжраIэнкIэ хъунут:
- Фэрэ дэрэ лъэпкъкlэ дызэхуэдэкъым, фэ фхуэфащэ зыгуэр къэвгъуэти, къафшэ!
Хъыджэбзым лъыхъу щIалэм и щхьэр зэригъэгугъэжымкlэ, а зылъыхъум и дэлъхухэм хуэдэр кlэсу къихьыну лlыгъэ иIэт. Ауэ имыIэр лъэпкъьщIэт. Мобыхэм ауэ зэрыщlэупщIа къудейр я гум темыхуэу къагъэпудат. Лlыгъэ зыхэлъ адыгэ щlалэр, а езым нэхърэ нэхъ икIэхэм къагъэпуду даyэ игу те¬хуэнт?!
ЩIалэр абы хуабжьу къигъэгубжьырти, и щхьэр абы текIуадэми, хъыджэбзым и дэлъхуxэм ящыщ IэщIэкlуадэми идэрт, хъыджэбзыр лIыгъэкIэ къатрихмэ.
Мис а зэгуэпым къыхэкIыу хъыджэбзыр лIыгъэкIэ къатрихыну мурад ищIырти, иужь ихьэрт.
Пасэрей хъыджэбзхэр къэпхьын хуэдэу дэнэ и дежи къыщыппэщIэхуэртэкъым, дэнэ хуейми ягъакIуэу щытакъым. Ар зэкъуэхуауэ къыпэщIэзыгъэхуэн къилъыхьуэрт щIалэм. Дауэ хъуми, щlалэм и ныбжьэгъу гуп дэщIыгъуу кlуэрти, хъыджэбзыр къихьырт.
Зи хъыджэбз яхьахэр хуабжьу къызэгуигъэпырт абы. Пхъэрыр кIэлъыщIэпхъуэрти, щIалэр щаукIи къэхъурт, хъыджэбзыр къыщытрахыжи щыIэт.
Мыпхуэдэуи къэхъурт: щIалэм хъыджэбз гуэр къишэну мурад ищIырт. Хъыджэбзым и мурадыр щыхуиIуатэкIэ: «Алыхь-алыхь, зэуэ уигу къызэрыкIа къудейр сыту фIыт, уэ пхуэдэ дыдэт сэри къэслъыхъуэр, зэрыжыпlэххэу занщlэу сыбдэмыкlуэни!», - жиIэрти, хуабжьу къигъэпуду щlалэм жэуап къритырт, къызэримыпэсу. Ар щIалэм игу зэрытехуэн щыIэтэкъыми, кърихьэжьэрт.
ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ фlыуэ зэрылъагъуу, зэрышэнуи зэрыгъэгугъауэ, хъыджэбзыр езыр зыхуэмей нэгъуэщI зыгуэрым иратыну Iуэху зэрахуэ щыхъукlэ, хъыджэбзым зыпылъ щIалэм хъыбар иригъащIэрт:
«3алымыгъэкIэ лIы срат, лlыгъэ уиIэмэ, уэ пщIэныр уэ пщIэжынщ», - жиIэрти. Зи гурбияныгъуэ щIалэр абы къигъэгубжьырт, «сlэщIокI», жиIэрти, гужьейрти, хъыджэбзыр къимыхьыну Iэмал имыIэу иужь ихьэрт. Ари ещанэ лIэужьыгъуэт.
Щlалэмрэ хъыджэбзымрэ зэгуэкlуауэ, Iэджэ щIауэ зэпылъу, лъэпкъкlи зэхуэдэу щызэрихьэлlэ щыIэт. Ауэ уасэ куэд къыжраlэрэ, щlалэм хузэфIэмыкlыу, хъыджэбзыр нэгъуэщIым иратын хъумэ, щIалэр абы игъэгужьейрти, къихьырт. Ар еплIанэ лIэужьыгъуэт. Мис абыхэм яхуэдэ Iуэхугъуэщ хъыджэбз яхьыныр къызыхэкIыу щытар.
Унэидзыхьэм и хабзэр зэрекIуэкlыу щытар
Хъыджэбзыр къэзыхьыну мурад зыщIа щlалэм и ныбжьэгъу гуп къызэхуишэсырти, тIэкIуи иригъафэт, Iуэхум нэхъ тегушхуэн щхьэкlэ. Абы иужькlэ ахэр къыщIриджар яжриIэрт. «ФыкъыздэIэпыкъу!» - жиIэрти, ныбжьэгъухэм елъэIурт, къуэш хуэдэу къыкъуэувэну зэращыгугъри яжриIэрт. Апхуэдэу игурэ и щхьэрэ зэтелъу щелъэlукIэ, дэтхэнэ адыгэ щIалэрат, «сэ сошынэри сынэкIуэфынукъым», - жызыIэнур? Псори хьэзырт ныбжьэгъум и лъэlур хуагъэзэщIэну. Ныбжьэгъур зымыгъэпэжынрэ, абы щхьэкlэ зи псэр зымытынрэ зыри яхэттэкъым. Пасэрей адыгэхэм ныбжьэгъур къуэш дыдэм хуэдэу ялъытэу щытащ.
Унэидзыхьэ кlуэнум ауэ нэуфIыцlщхьэрыуэу гуп иришажьэртэкъым. ЯпэщIыкlэ хъыджэбзым зэкъуэхуауэ щрихьэлIэн щlыпlэр зэзыгъэпэщ къилъыхъуэрт. Ар зэпсэлъа и хэгъэрейми хъыбар къригъащlэрт: «Мыпхуэдэ пщыхьэщхьэм фыкъекlуалlэ», - жиlэрти. Гур зэщlащIэрт, щlалэхэр итIысхьэрти, ежьэрт. А зэпсэлъылlам екlуалlэрти, хъыджэбзыр къапэщlигъахуэрт.
Хъыджэбзым и Iыхьлыхэм псынщlэу хъыбарыр зэхахмэ, пхъэрыр щlэхыу иужь ихьэрт. Пхъэрыр къалъэщIыхьэмэ, хьэлэч зэрыщlырти, хъыджэбзри трахыжырт.
Пхъэрыр къалъэщIэмыхьэу хъыджэбзыр ирахьэжьэмэ, щlалэм я унэратэкъым здихьыр. Я унэм ихьмэ, псынщlэу къагъуэтынурэ трахыжынут. ПщIэ иlэу къуажэм дэс нэхъ лъэрызехьэ гуэрым и деж ирихьэлlэрти, абы къан хуищlырт. Хъыджэбзыр абы ирихьэлIэрти, езы щlалэри я унэ мыкlуэжу, зыгуэрым щауэ къан захуищlырт.
Хъыджэбзыр зрахьэлlам а Iуэхур зэфlимыгъэкlыфу хъыджэбзыр фlахьыжмэ, и напэр тeкlaт, и лlыгъэри, и нэмысри кlуэдат.
Къэзыхьам хъыджэбзым и Iуэху лъэпкъ зэрихуэртэкъым, а зрихьэлlам зэрызэфlигъэкIынур ищIэрти. Псори а зрихьэлlам и пщэ дэхуэрт, абы зэреджэр «тешэрэщт».
Абы зылl хъыджэбзым я деж игъакlуэрт. «Фи хъыджэбз цlыкlур ди деж щыlэщ, фымыгузавэ, адыгагъэ хэлъу хабзэкlэ дызэвгъэувалlэ, Тхьэм зэриухам хуэдэу Iуэхум кIэ едвгъэт, фи благъагъэр ди гуапэу аращ Iуэхур зытетщlыхьари, дахэкlэ дызэкIэлъывгъакIуэ жаIэри сыкъагъэкlуащ», - яжриlэрт.
Хъыджэбзыр здэщыlэр къызэращlэу, ар зейхэр къэсырт, хъыджэбзыр яшэжын мурад яlэу. Ауэ хъыджэбзыр кърагъэгъуэттэкъым, дауэ ящlми. А здэщыlэм и нэмысым фlолlыкlхэри, lей зыкъыхуа- щlу къажьэхэфыщlыхьыфыркъым. Iуэхур щагъэткIийм, къуажэм пщIэ зыхуащIу дэсхэр къыхашэрт.
Адыгэ лlыжьхэм апхуэдэ Iуэху Iэджэ зэфlагъэкlыурэ есати, кlэ ирамыту етIысэхынутэкъым. Арати, жылэр и телъхьэ хъурти, нэчыхьыр ятхырт. Псори зэфIэкlыу нысэр зейм ишэжын щыхъукlэ, зрахьэлlам, езым ипхъу яшэ хуэдэу, фызышэу дригъэшыжырт.
Нэщхъеягъуэ къыщыхэкI щыIэт
Унэидзыхьэр мы зэрыжытlам хуэдэу сытым дежи мамыру зэфIэкIыртэкъым. Абы гуауэ къыщыхэкI къэхъурт. А Iуэхум пхъур зейхэр къызэгуигъэпырт, икъукlэ къигъэгубжьырти, зэпэщIэувэрт.
Унэидзыхьэм къыхэкIыу Инарыкъуей мыпхуэдэ бэлыхь къыщыхъуауэ щытащ 1914 гъэм:
Зы щlалэрэ зы хъыджэбзрэ зэгуэкIуат. ЩIалэм къишэну мурад щищIым, хъыджэбзым къыжриIащ:
- УкъыслъыхъукIэ зэфIэкIынкъым, сыхь! – жиIэри. Хъыджэбзым и анэ къилъхуауэ дэлъхуиплl иIэт. Ахэр щыдэмыс зы пщыхьэщхьэ гуэру хуигъазэри, щIалэм зигъэхьэзыращ къихьыну. И благъэ, и ныбжьэгъу гуп зэхуишэсри, яжриIащ:
- Мыращ си мурадыр, хъыджэбзымрэ сэрэ дызэгурыIуауэ къэсхьынущи, фыныздэкIуэ!
Зэрыхабзэти, фадэбжьи зэдрафщ, гу зэщIащIэри, кIуащ. ЗдэкIyaм, зэрыгугъам хуэдэу тыншу къапэщlэхуэри, хъыджэбзыр къыщIахащ.
Хъыджэбзыр бжэм къыщlаха къудейуэ, унагъуэр зейм я пхъурылъху лIы гуэр Iуэху иIэу дыхьащ, зыри химыщIыкIыу. ЛIым сэшхуэ пцIанэ иIыгът, зыщIыпlэ кърихыжуи, мо зэрызелъафэ гупыр щилъагъум, яхэ-лъадэри, яхэуэу хуежьэри, зы анэм къилъхуауэ тIy яхэтти, тIури иукIащ. Хъыджэбзыр зыхь щIалэм епыджри, уlэгъэ ищIащ. Абы хъыджэбзыр яIуэхужынт, хьэдитIри уIэгъэри къыдашыжри, къыдэкlыжащ. ИукIа щIалитIым ади, ани, къуэши, шыпхъуи зыри яIэтэкъым ялъ зыщIэжыни, я бжэр хуащIыжащ. Мыдрей щIалэ уIэгъэри, абы иужькIэ щIагъуэ дэмыкIыу лIащ. Дауэ хъуми, лIищыр триукIащ.
Ахэр зэрыукIыу Iуэхур зэфIэкIакъым. Къэзыхьыну щIалэм и анэ къилъхуауэ шынэхъыжь иIэт. Абы илъ имыщIэжу игъэгъуну Iэмал иIэтэкъым.
Хъыджэбзым и дэлъхухэм щIалэм и къуэшым деж къагъэкIуащ: «Бэлыхьыр къытхуэзыхьам Тхьэм къыхуимыгъэгъукIэ, Алыхьым и нэлатыр къытихуэ! Ди Iуэху хэлъкъым, дыщыIакъым. Къэхъуа Iуэхур уэ узэригуауэм ещхьыркъабзэу дэри ди гуауэщ. Бэлыхьыр дяку къыдэзылъхьар уэ узэрибийм ещхьыркъабзэу дэри ди бийщ!» - жаIэри. КIэщIу жыпIэмэ, хабзэкIэ хъыбар кърагъэщlащ. Пэжу, я Iуэху хэлътэкъым, зыри хащIыкIатэкъым.
Лажьэ зимыlэ лъэпкъитIыр бий зэхуэхъуащ, яукIам и къуэшми илъ имыщIэжынкIэ Iэмал имыIэу, ари пэплъэ хъуащ. Ауэ хъыджэбзым и дэлъхухэм яхуэзэми, я гугъу ищlыртэкъым, «абыхэм сыт я лажьэ», - жиlэрти. Ахэр зыукIам и анэ къилъхуауэ къуэш иlэти, абыи и гугъу ищlыртэкъым: «Ар жейуэ пlэм хэлъащ, сыт и лажьэ», - жиlэрти. Ахэр къэзыукIа дыдэм ещакIуэурэ, еуэри иукlыжащ. ИкIи и къуэшым лIыкIуэ хуищIащ:
- Си къуэшыр иукIати, уи къуэшыр сукIащ. Ар умыдэнумэ, уэри абы укIэлъызгъэкIуэну сыхьэзырщ!
- КъуищIар епщIэжащ, си къуэшми, лей зэрихьати, къыхуэгъуакъым, зыкIи биигъэ пхузиlэкъым! - жиIэри абыкIэ яухащ зэбииныр.
Пасэрей фыз къэшэкIэм мис апхуэдэ нэщхъеягъуэ къыхэкIырт. Ахэр къыщIэхъур цIыхубзыр и щхьэ хуиту, езыр зыфIэфIым дэкlуэ хъууэ зэрыщымытаращ.
Зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.