ЖЭПУЭГЪУЭМ И 13-М

ГущIыхьэ махуэхэр

Бадзэуэгъуэ мазэр куэдым гукъинэж зэращыхъун нэщIэбжьэ къытхузэдихьат 2005 гъэм. Сэри аращ… А махуэм си нэгу щIэкIар къызэрысщIэжу, си щIыфэр дэтхытхыу сопсэу. Апхуэдэ гузэвэгъуэ тхьэм зэи димыгъэлъагъукIэ, ди щIэблэри щихъумэ!

МедицинэмкIэ колледжым сыщеджэт абы щыгъуэ. ЕджапIэм дыщIэсу, макъышхуэхэр къэIуащ, зыгуэр къэуам хуэдэу, кIэщIу автомат зэрылъэлъ макъыр къыщIэуващ. ГурыIуэгъуэт шынагъуэ гуэр къызэрыхъуари, «фызэбгрыж, мыбдеж фыщызэхэмыт, гъэрыпIэ дихуэ нэхърэ нэхъыфIщ, зыгуэрурэ зывгъэпщкIу» жаIэри, дыкъыщIагъэкIат. Горькийм и уэрамым лъэсу сыдэкIыу, вокзалым сыкIуэцIрыжын си мураду сыщIэпхъуащ си лъэ къызэрихькIэ. Дэнэ щысщIэнт МВД-м и 1-нэ къудамэу Iэхэлъахэм итыр къагъэуауэ, зэхэуэ гуащIэ абдеж дыдэм зэрыщекIуэкIыр?!

Сытми, и гуащIэгъуэм, зэрымыщIэкIэ, сыхэхуат. Хабзэхъумэхэр кIийт, «УкъэмыкIуэ! ЗыгъэпщкIу!» жаIэу. Сыплъэри, 14-нэ маршруткэр блэжти, щоферым сыкъызэрилъагъуу къэувыIэри, зиздзащ. Си шыпхъу нэхъыжьыр «Искож» хьэблэм щыпсэурт, 14-нэ маршруткэр абыкIэ кIуэрти, си псэр зыгуэрурэ нэсхьэсмэ, нэгъуэщI зыри сыхуейтэкъым.

Къэбэрдей уэрамым тет Дзэ частым дызэрынэсу маршруткэр къэувыIащ.

- АдэкIэ сыкIуэфынукъым, отделыр къаувыхьащ. Мыбдеж фыщелъи, зыгуэрурэ зывгъэпщкIу! - жи шофёрым.

Маршруткэм къинэжар сэрэ нэгъуэщI зы цIыхубзрэт. Сэ бжэм нэхъ и гъунэгъуу сыщысти, Iусхыну сыщыIэбэм, цIыхубзыр гужьеяуэ къыщылъэтщ, сыIуидзщ, бжэр ирилъэфэкIри, щебэкъуэхым шэ къытехуэри, зэшэзэпIэу еукIуриехащ… Си пащхьэм лIауэ илъ бзылъхугъэм соплъри сокIий, сщIэнур сщIэркъым, сыздэкIуэнури дэнэ?! Сыплъэмэ, си шыпхъур щыпсэу унэр солъагъу, лъэсу сынэсынущ, ауэ шэхэр зэблолъэтри - псэууэ сынэсынукъым. Шоферыр мэкIий «икI» жеIэри. Сыт сщIэнт?! СыкъикIри, маршруткэм зигъэбзэхыжащ, сэ уэрамыщхьэм сыкъытенащ.

Абдежым Дзэ частым и куэбжэр зэIуихри, зы сэлэт къэкIиящ: «Къажэ мыдэ псынщIэу! КъыщIэпхъуэ!». КъызэрыщIэкIамкIэ, уэрамыщхьэм цIыхуу тетыр абы дагъэхьэри, гараж гуэрым щагъэпщкIуауэ щIэзу щIэст. Мыгувэу вертолет къытщхьэщыхьащ, автомат макъыр увыIэтэкъым, сабий цIынэ дыдэ иIыгъыу зы бзылъхугъэ къытхэтти, хуэмыгъэувыIэу шыр цIыкIур гъуэгт. «Дэ мыбы псэууэ дыщIагъэкIыну хъункъым. Си адэм и макъ зэ зэхэсхыжам сыт хъунт!» - жысIэри, сэри сыкъыщиудащ. Си адэр ежьауэ къэтт, тхьэмахуэ бжыгъэ хъуауэ слъэгъуатэкъыми, арат сигу къеуэр. Зэ закъуэ и макъ седэIуэжынщ жысIэри, телефоныр езгъэуащ.

- Алло! Сыт, хъыджэбз?! - жиIэри, занщIэу къытрихащ.

Гъуэгу тет си адэми, унэм къызэжьэу щIэс си анэми зыри хащIыкIыртэкъым иджыри къалэм къыщекIуэкI гузэвэгъуэм. Псори напIэсыпIэм къэхъуати, тэмэм дыдэу цIыхухэм къагурыIуатэкъым иджыри.

Зы псалъэ схужымыIэу тездзэжащ жып телефоныр. Гъуэгу тет тхьэмыщкIэм си Iуэху зыIутыр жесIэу бэлыхь хэздзэфынутэкъым. Ауэ си анэм деж сыпсалъэри, къалэм зауэ къызэрыщыхъеяр, сэ дзэ частым и гаражым сызэрыщIэтыр жесIащ. Си анэр зэуэ уэрамыщхьэм дэлъэдащ, иужькIэ зэрыжаIэжамкIэ. Ди гъунэгъу щIалэр ГАИ-м хэтт, и дэсыгъуэу ирихьэлIати, къыдэжащ зэрыгъэкIий макъыр щызэхихым. Гъуэгыу зэкуэфэуэж си анэм си Iуэху зыIутыр щыхуиIуатэм, гъунэгъу щIалэм машинэм зридзэри, Налшык къэкIуэну къежьащ. Ипподромым фIагъэкIакъым, гъуэгухэр зэхуащIауэ Налшык зыри дагъэкIыртэкъым икIи къыдагъыхьэртэкъыми. Лъэс защIэу Къэбэрдей уэрамым нэс жэрыжэу къыкIуэцIрыжри, гаражым сыкъыщIишыжауэ щытащ абы! Апхуэдэ дыдэу лъэсу машинэм нэс дыкIуэцIрыжри, унэм сишэжащ. ИгъащIэкIэ схуэмыпшыныжын щIыхуэу стелъщ ар! Дунейм фIыгъуэу щыIэр къыхуищIэ а щIалэм!

Ди куэбжэпэм сызэрынэсыжу сымэхащ. АдэкIэ зыри сщIэжкъым. ЕтIуанэ-ещанэ махуэращ къэхъуар къызгурыIуэ сыщыхъужар. Зэрызытезгъэур зыт: а зы махуэм апхуэдизу дызэтрихуащ, Хэку зауэшхуэм дауэ цIыхухэр къызэрелар, жысIэу сегупсысырт. Шынагъуэт ар! Шынагъуэ дыдэт…

КЪАНЫКЪУЭ Жанетэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.