КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ Урысей МВД-м хыхьэ Штаб IэнатIэхэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 105-рэ зэрырикъум хуэгъэпса зэIущIэ гуапэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий штаб IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ. Къыхигъэщащ министерствэм и къулыкъущIапIэхэмрэ IэнатIэхэмрэ я къалэнхэр ягъэзэщIэным, я зэдэлэжьэныгъэр зэгъэуIуным абы мыхьэнэшхуэ зэрыщиIэр. Ведомствэм и штаб IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм министрым фIыщIэ яхуищIащ, жиIащ узыншагъэ быдэ, насып, унагъуэ зэIузэпэщыгъэ, къулыкъум ехъулIэныгъэхэр щаIэну зэригуапэр.
- Штабым къулыкъу щащIэ лэжьакIуэ нэхъыфIхэм икIи абыхэм махуэ къэс къагъэлъагъуэ я IэщIагъэм зэрыхащIыкIыр, къапэщыт пщэрылъхэр нэсу зэрызэфIахыр. Сынывохъуэхъу фи махуэшхуэмкIэ! - къыхигъэщащ министрым.
АдэкIэ лэжьакIуэ нэхъыфIхэм гулъытэ хуащIащ. КъБР-м щыIэ МВД-м и щIыхь тхылъхэр иратащ зи къалэныр хьэлэлу езыхьэкI, ехъулIэныгъэ лъагэхэр къэзыгъэлъэгъуахэу республикэ МВД-м и штабым и инспекцэм и инспектор нэхъыжь Глущенкэ Роман, Урысей МВД-м и къудамэу Шэрэдж районым щыIэм и штабым и унафэщI Кульбаев Залымхъан, КъБР-м щыIэ МВД-м и штабым мыхьэнэшхуэ зиIэ пщэрылъхэмкIэ и инспектор нэхъыжь Беслъэней Каринэ сымэ.
Мы гъэм ведомствэм и штаб IэнатIэхэм я лэжьакIуэ нэхъыфIу къалъытащ пщэрылъ хэхахэмкIэ инспектор нэхъыжь, майор Терентьевэ Юлие. Павлов Василий фIыщIэ тхыгъэ яритащ Юлие и адэ-анэм.
- Си псэм къыбгъэдэкIыу фIыщIэ фхузощI апхуэдэ пхъу зэрывгъэсам папщIэ! - къыхигъэщащ Павлов Василиий.
Штаб IэнатIэхэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 105-рэ зэрырикъум и фэеплъ медалхэр иратащ КъБР-м щыIэ МВД-м и штаб къулыкъум илъэс куэдкIэ щылэжьа ветеранхэу Шырыт Люсярэ Къармэ Анзоррэ.
КъБР-м щыIэ МВД-м и штабым и лэжьакIуэхэм унафэ ящIащ зи лъакъуэ-хэм сэкъат иIэхэу Налшык къалэ дэт Сабий унэм и гъэсэнхэм ядэIэпыкъуну. Сабий унэм и дохутыр нэхъыщхьэ Кърымыкъуэ Маритэ иратащ сабийхэр Iэ-мал имыIэу зыхуеину хьэпшыпхэр.
IэнатIэм и лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Гузиев ТIэхьиррэ Сокъур Альбертрэ я сабийхэм иратащ спорт хьэпшыпхэр къызэращэхуну сертификатхэр.
ЗэIущIэм и кIэухыу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий фIыщIэ яхуищIащ къулыкъум и ветеранхэу штаб IэнатIэхэр зэфIэувэнымрэ заужьынымрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщ1ахэм.
УАРДЭ Жантинэ.