ЩIЭБЛЭМ АНЭДЭЛЪХУБЗЭ ЯIУРЫЛЪЫН ПАПЩIЭ

Сабийхэм тхылъ яхуэзытхым езым и псэр къабзэу щытыпхъэщ, цIыкIухэм я гурыгъухэр зыхищIэн щхьэкIэ. Сабийхэр зэрагъасэ, акъыл жан зэращI, анэдэлъхубзэр зэрырагъащIэ лэжьыгъэхэр и IэдакъэщIэкIщ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэ Мэлей ФатIимэ. ФатIимэ и IуэхущIафэ дахэхэр лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI. ЩIэблэ гъэсэныгъэм теухуауэ илэжьхэр куэд мэхъу: цIыкIухэм ядолажьэ, анэдэлъхубзэмкIэ дерсхэр ирегъэкIуэкI, цIыкIухэм папщIэ тхылъ щIэщыгъуэхэр къыдегъэкI. 
Адыгэ сабийхэм папщIэ тхылъхэр
- Ди адыгэ сабийхэм сахуехъуапсэрт зызэрагъэсэн, зыдихьэхын, щIэныгъэ къыздрахын тхылъ, тетрадь цIыкIу хуэдэхэр гъэщIэрэщIауэ яIэну. Сабийхэм уазэрыдэлэжьэну нэгъуэщIыбзэхэмкIэ апхуэдиз зэмылIэужьыгъуэ щыIэм щыщ дыдейхэм зэрамыIэр сигу къеуэрт. Си къару къихьыххэмэ, сэри а Iуэхум гупсысэ хэслъхьэн хуейуэ къэслъытащ. Япэ дыдэу къыдэзгъэкIащ «Азбукэ. Япэ лъэбакъуэхэр» зи фIэщыгъэр. Хьэрфхэр усэбзэкIэ зэгъэщIэным нэхъ хуэгъэпсащ ар. Анэдэлъхубзэр джын щIэзыдзэ къудейхэми, нэхъыфIыIуэу зыщIэхэми яхуэгъэзауэ зэхэслъхьащ. Усэхэр кIэщI дыдэрэ тыншуи, тIэкIу нэхъ гугъууи хэзгъэуващ. Хьэрфхэм яхуэкIуэу хэзгъэхьа усэ цIыкIухэр сэ зэхэслъхьащ. Абы къыхэкIыуи тхылъым зэман тезгъэкIуэда хъуащ. Хьэрфхэр тхылъым изгъэуващ сабийхэр тетхыхьыжын, яцIэлэжын хуэдэу - ари Iэмалщ щIэх ягу ираубыдэнымкIэ. Пэжым ухуеймэ, а япэ тхылъыр къыдэкIа нэужь сеплъыжри, ныкъусаныгъэ гуэрхэри къыхэзгъуэтэжащ. Азбукэр куэдым ягу ирихьащ, языныкъуэхэми чэнджэщхэр къызатащ ар нэхъ егъэфIэкIуа зэрыхъунум теухуауэ. Адэ-анэхэм тхылъым теухуауэ я гупсысэхэр къызэрызжаIар, я сабийхэм абыкIэ зэрадэлажьэр си гуапэ хъуащ. Абы и ужькIэ, илъэситху хъухэм я деж щегъэжьауэ къахуэсэбэпыну зэрылажьэ Iэрытх зэхэзгъэувэри къыдэзгъэкIащ. Аргуэру сегупсысащ, сабийм къемыхьэлъэкIын лэжьыгъэ мащIэ дыдэ иту: гъэщIэрэщIарэ тригъэууэ икIи игъэгупсысэу зэхэзгъэувэмэ, дауэ хъуну пIэрэ, жысIэри. Абы тесщIыхьри, «Псэущхьэхэм сыт яшхыр?», «Инхэмрэ цIыкIухэмрэ» зэрылажьэ тхылъ цIыкIуитIыр къыдэзгъэкIащ. А тIум сабийм еджэкIэ-тхэкIэ иребгъащIэркъым, атIэ псалъэу, гупсысэу иребгъасэу аращ. Псалъэм папщIэ, «ЧыцIым къабыстэ, хьэмэрэ балий ишхыр? ТхьэкIумэкIыхьым дэ хьэмэрэ пхъы ишхыр?» жиIэурэ щIоупщIэ тхылъыр. Сабийр йогупсысри ходэ, жэуапыр къыхехри и гум иреубыдэ. ИтIанэ, псэущхьэ сурэтхэри абыхэм я шхыныгъуэхэри яцIэлэж. ЯцIэлэжыхукIи, а псэущхьэ цIыкIухэм теухуауэ куэд зэрагъэзахуэ ягу цIыкIухэмкIэ. «Инхэмрэ цIыкIухэмрэ» тхылъым фIэсщам, гурыIуэгъуэ зэрищIщи, сабийхэм абыкIэ ибогъэлъагъу псэущхьэхэм ящыщу нэхъ инхэмрэ нэхъ цIыкIухэмрэ, ахэр зэрагъапщэ. Мыбдеж сабийм дэлажьэ балигъми, езым и гупсысэхэр дыщIигъужу, Iэмалхэм хуекIуэурэ, зыдэлажьэ цIыкIум упщIэхэр иритурэ игъэпсэлъэфынущ. Псалъэм и хьэтыркIэ, унэ псэущхьэхэмрэ мэзым щыпсэухэмрэ зэхагъэкIыфу есэнущ. Абы нэмыщIкIэ, псэущхьэхэм я хьэл-щэнхэр къащIэнымкIи сэбэп хъунущ: бажэр зэрыхьилэшыр, дыгъужьыр зэрышынагъуэр жепIэурэ сурэтхэм ебгъэплъ хъунущ. Тхылъ цIыкIум ит сурэтхэри яцIэлэжын хуейщ. Адыгэ сабийхэм бжыгъэхэр къызэребгъэцIыху хъунум и Iэмалым сегупсысри, «Дапщэ?» жыхуиIэ зэрылажьэ тхылъ цIыкIури иужьрейуэ къыдэзгъэкIащ. Зэман къагъуэтрэ адэ-анэхэр сабийм ябгъэдэс, ядэлажьэ къудеймэ, мы тхылъ цIыкIухэр зыкъомкIэ къахуэсэбэпыну къызолъытэ. 
Псалъэхэри, сурэтхэри, таблицэ хуэдэхэри компьютеркIэ зэрызэхагъэувэм зезгъэсауэ, тхылъ напэм деж къыщыщIэдзауэ сэ езыр солэжь. Мылъку къэслъыхъуэу мы тхылъ цIыкIухэр къыдэзгъэкIыркъым, сэ езым Iэмал сызэриIэм хуэдэурэщ къызэрызэзгъэпэщыр. Армыхъумэ, тхылъхэри нэхъ зэмылIэужьыгъуэу, тиражри нэхъыбэу къыдэгъэкIами хъунут. 
Сызэлэжьхэр
- Иджыри куэд си щхьэм илъщ. Сабийхэм тхэкIэ зэрырагъащIэ (пропись) нэхъ ин къыдэзгъэкIыну сыхуейщ. Плъыфэхэм теухуауэ сохъуапсэ тхылъ щIэщыгъуэ цIыкIу къыдэзгъэкIыну. 
«Хужьыр дэнэ щыкIуэда?
Хужьыр Арктикэм лъэта?
Пшэ Iэрами, мыли, уэси
Хужь ищIыну ехъуэпса?» - жызоIэри, псалъэм папщIэ, усэ цIыкIу хузотх хужь плъыфэм. Усэхэр согъэпс плъыфэ щхьэхуэр сабийхэм я гум нэхъ тыншу зэрыраубыдэнум тещIыхьауэ, зы хьэпшып гуэрхэм ирапхыурэ я нэгу къыщIагъэхьэну Iэмал яIэн хуэдэу. ЗэрыжысIащи, иджыпсту солэжь тхэкIэ зэрызэрагъащIэмрэ плъыфэхэр уэзыгъэцIыху тхылъ цIыкIумрэ. 
Сэр нэмыщIкIэ, иджыри зыгуэр адыгэбзэкIэ елэжьарэт сабийхэм зызэрагъэсэнхэм. Сабийхэр зыхэдэн яIэну сыхуейщ. Сэ зы лъэныкъуэкIэ согупсысэ, нэгъуэщIым нэгъуэщI зы щIэщыгъуэ игу къэкIыфынущ. Псалъэм щхьэкIэ, анэ унэгуащэхэм губзыгъэ дыдэхэр яхэтщ, абыхэм сабийм и хьэл-щэнхэр фIыуэ зыхащIэри, зезыпщытын къахэкIамэ, дауэ хъуну пIэрэт, жысIэуи согупсыс. 
«Адыгэ цIыкIум»
- Минводхэм щыщу етIуанэ классым щIэс зы хъыджэбз цIыкIу скайпкIэ сыщыдолажьэ Къармэ Iэсият къызэригъэпэща «Адыгэ цIыкIу» сабий зегъэужьыпIэм. А сабийм и гурыхуагъым, и гупсысэкIэ гъэщIэгъуэным сыдихьэхащи, сфIэфI дыдэу дерсхэр согъэхьэзыр. Софие мазэ бжыгъэ хъуауэ сыдолажьэ. Адыгэ алфавитыр иджыри ищIэртэкъым. Хьэрфхэр хуэмурэ къезгъэщIэну, псалъэуха тыншхэр хуэстхыу къыщIэздзэри, хьэрф зэгуэтхэри къыхэзгъэхьащ. Езы цIыкIум зигъэунэхужурэ, и къэпсэлъыкIэм зригъэхъуэжурэ пэжым техуэху мыувыIэу лэжьащ, нэхъ тегушхуауи псалъэ хъуащ. Алфавитри зырыз-тIурытIурэ езгъэлъагъуурэ, гурызгъаIуэурэ, фIыуэ къеджэф хъуащ. Софие плъыфэхэр зэхигъэзэрыхьырт, и гум хуимыубыдэу. Сегупсысащ абы Iэмалу къыхуэзгъуэтынущ. Абы щыгъуэм деж къэлъытэн хуейщ сабийм фIэфI хьэпшыпхэр, зэплъхэр, зыдихьэххэр. Арати, мультфильмхэм яхэт лIыхъужьхэм зырызыххэурэ еспхащ плъыфэхэр. Псалъэм щхьэкIэ, «Мейбис» мультфильмыр зытеухуа хъыджэбз цIыкIум сыт щыгъуи фIыцIэ щыгъти, абы и сурэтыр а плъыфэм бгъэдэзгъэуващ. «Рапунцель» шакъафэкIэ, «Дюймовочка» хужькIэ хуэпахэти, абыхэм еспхащ. Езы цIыкIум щхьэусыгъуэ гуэркIэ дерсыр дигъэху къыщыхъу щыIэми, сэ си хущIэмыхьагъэкIэ дэзгъэху хъунукъым. Сабийм гупыж ищIауэ, бзэр щызэригъащIэкIэ, сэ абы и зэманым зэрыхъукIэ зытызогъахуэ. Ар нэгъуэщI гупжьей гуэрхэми хэтщ, школми макIуэри, абы кърат унэ лэжьыгъэхэри ещIыж. А псом согупсысри, адыгэбзэ дерсым хухаха зэманым жэуаплыныгъэ сэ хызолъхьэ. 
Къантемыррэ Астемыррэ - зэкъуэш цIыкIуитIым скайпкIэ мыхъуу, щхьэхуэу садолажьэ. Нэхъыжьыр илъэс епщIанэм итщ, нэхъыщIэ цIыкIур илъэси 4-5 хъуми аращ. Абыхэми Iэмал щхьэхуэ къахуэзгъуэтащ: езы тIур зэзгъэпсалъэу, зэдэзгъэIэпыкъуу изогъэкIуэкI. Садэлэжьэн щIэздзащ зэшыпхъу цIыкIуитI, зым илъэситху, етIуанэ цIыкIум илъэситI я ныбжьу. Ахэри зэдэзгъэджэгуурэ, зым адрейм упщIэ ирезгъэтурэ, тIэкIу езэшауэ гу лъыстэмэ, тезыгъэун Iэмал гуэркIэ зезгъэгъэпсэхуурэ садолажьэ. НэгъуэщI сабий зыбжанэми язогъащIэ бзэр. 
Адыгэ сабийхэм папщIэ щыIэ лэжьыгъэхэр сигу ирохь.
- ФIыщIэшхуэ яхузощI цIыкIухэр дихьэхыу, зэгъэщIэгъуафIэу, шэрыуэу анэдэлъухбзэкIэ усэхэр зытхахэм, зытххэм. Нало Заур, АфIэунэ Лиуан сымэ я усэхэр дапхуэдэу щхьэпэ сабийхэм папщIэ! ХьэцIыкIу Хьэсэн, Хьэщыкъуей Олег, Къаныкъуэ Заринэ сымэ я усэхэр зэгъэщIэгъуафIэщ. 
«Аслъэн цIыкIу» никыр иIэу интернетым напэкIуэцI щызыгъэлажьэ гуэрым кърилъхьэхэр къызогъэсэбэп. Дзасэжь Ларисэ, Вэрокъуэ Софият сымэ я лэжьыгъэхэр си Iэдэжщ. Тхьэкъуахъуэ Iэуес цIыкIухэм папщIэ и лэжьыгъэхэр егъэлеяуэ сигу ирохь. Псэущхьэхэр, къэкIыгъэхэр, мывэ лIэужьыгъуэхэр, бжыгъэхэр адыгэбзэкIэ щIэблэм егъэцIыхунымкIэ, бзэр къагъэIурыгъэIэфIэнымкIэ ахэр дызыхуэныкъуэ дыдэщ.
«Сабиигъуэ» тхылъыр
- «Сабиигъуэ» тхылъыр 2015 гъэм къыдэкIащ. Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм зыкъытхуигъэзащ сабийхэм папщIэ жыпхъэ щхьэхуэм ит тхылъ зэхэгъэувауэ яIэмэ къыдагъэкIыну жаIэри. Илъэс зыбжанэкIэ селэжьащ, изгъэувэнухэр къыхэсщыпыкIыу, нэхъыфIхэр къыхэсхыу. Псалъэм щхьэкIэ, школым щадж тхылъхэм ярыт таурыхъ, усэ, хъыбархэр мыбы згъэкIуакъым. Ахэр школым щрагъэджкIэ, мыр нэгъуэщI зыгуэру зэхэтын хуейт, ямыщIэ нэхъыбэм зыщагъэгъуэзэн щхьэкIэ. Тхылъыр Iыхьэ-Iыхьэурэ зэхэгъэщхьэхукIащ, сабийхэм я ныбжьым тесщIыхьу. Тхылъыр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ. 
Сабийхэм папщIэ таурыхъхэр 
- Лъэпкъым зиужьын щхьэкIэ, япэ дыдэу щIэблэм егупсысын хуейщ. ЩIэблэ гъэса зиIэрщ япэкIэ кIуэтэфыр. Шэч хэлъкъым, тхылъым сабийм гъэсэныгъи щIэныгъи къызэрыхихым. Сабийм гъэсэныгъэ тэмэм иIэмэ, езы цIыкIум и щхьэм къэкIынущ лъэпкъым зэрыщыщыр, и бзэр Iурылъын зэрыхуейр. «Адыгэбзэр умыщIэу хъунукъым», жыпIэу утекIиен е хэбгъэзыхьын хуейуэ аракъым. АтIэ, ар уэ езым зыдэбгъэплъеин хуейщ, щапхъэ ебгъэлъагъуурэ. Адэ-анэм далъагъур ящIэж сабийхэм. АтIэ, дапхуэдэу сабий зэрыбгъэсэнур? ЗыгуэркIэ зыдэбгъэIэпыкъу хуэдэурэ, а ищIэри хуэбгъэщIагъуэу, фIыщIэ пщIыуэ, сэбэп къызэрыпхуэхъур уэркIэ зэрылъапIэр зыхебгъащIэурэ. Псалъэм папщIэ, хъыджэбз цIыкIум и адэр лэжьапIэ щыIауэ къэкIуэжамэ, «КъакIуэт, уи адэр къэсыжащи, дыгъэгъашхэт уэрэ сэрэ, мэт мы щIакхъуэр хутегъэувэт, мэт бжэмышхыр етыт» жыпIэ хуэдэурэ, Iуэхуми хуэIэрыхуэу, адэми пщIэ хуищIу есэнущ хуэмурэ. 
Сэ сыщыанэкIэ, адыгэ щIэблэм и гъэсэныгъэм сыт си Iуэхуу хэлъыр жысIэу лъэныкъуэ зезгъэзыфыркъым, си гум идэркъым схузэфIэкI гуэр абы хэзмылъхьэу. Хэт ищIэрэ, сэ стхы рассказ цIыкIухэм зыгуэр еджэнщ е зы гъэсэныгъэ е зы гупсысэ гуапэ гуэр къыхихынщ. Тхылъыр щIэныгъэм и IункIыбзэщ. Махуэ къэси стхыркъым сэ рассказ. Гупсысэ щIэщыгъуэ гуэр си щхьэм къихьарэ, абы теухуауэ мыр захезгъэхарэт е къагурызгъэIуарэт жысIэу цIыкIухэм сахуэхъуапсэмэ, а гупсысэр сабийхэм тыншу зыхащIэн хуэдэу сотхэ. Си IуэхущIафэхэр зыгуэрхэм къахуэщхьэпэмэ, си гуапэщ. 
ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз