Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ шынагъуэншагъэмкIэ урысейпсо тхьэмахуэ зэхуаку Iуэхур. Абы хэтащ Iэпщэрызауэ зэхэтымкIэ дуней псом, Урысейм и чемпионхэмрэ школакIуэ щэ бжыгъэхэмрэ.
Республикэм и Къэрал автоинспекцэм, полицэм и къудамэм я унафэщIхэм, муниципальнэ властым и лIыкIуэхэм, спортсмен цIэрыIуэхэу Багъ Алий, КIуэкIуэ Мухьэмэд, Шыбзыхъуэ Арсен, Къэбард Руслан сымэ сабийхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ къыхураджащ гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным хуэгъэпса хабзэм тетыну.
КъБР-м и Бахъсэн районым хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм дэт курыт еджапIэ №7-м а Iуэхум хиубыдэу щекIуэкIащ махуэшхуэ зэIущIэ. Абы хэтащ ведомствэ, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, спортсмен цIэрыIуэхэмрэ школакIуэхэмрэ.
Къыхэдгъэщынщи, Iуэху щхьэпэм кърихьэлIащ Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Къардэн ФатIимэ, унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Зеущэ Хьэмид, егъэджэныгъэмкIэ департаментым и унафэщI Борэн Маринэ, щIыпIэ администрацэм граждан зыхъумэжыныгъэмрэ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ къудамэм и унафэщI Къуэдз Лелэ, республикэм Къэрал автоинспекцэм-кIэ и управленэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полицэм и полковник Сухорученкэ Дмитрий, Урысей МВД-м и Бахъсэн къудамэм и унафэщI, полицэм и полковник Хэжь Аслъэнбий, район Къэрал автоинспекцэм и унафэщI, полицэм и подполковник ШащIэ Алим, грэпплингымкIэ, джиу-джитсумкIэ дунейпсо, урысей зэпеуэхэм мызэ-мытIэу щытекIуа, АСА лигэм и чемпион Багъ Алий, Урысейм грэпплингымкIэ и чемпион, АСА лигэм и чемпион КIуэкIуэ Мухьэмэд, «АСА YoungEagles» лигэм и чемпион Шыбзыхъуэ Арсен, Iэпщэрыбанэ зэхэтымкIэ бэнакIуэхэр зыгъэхьэзыр Къэбард Руслан.
ХьэщIэхэм къыхагъэщащ къытщIэхъуэ щIэблэр щIэныгъэ ябгъэдэлъу, хабзэм тету гъэсэнымкIэ ирагъэкIуэкI Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Хэжь Хьэсэнбий жиIащ мы Iуэху щхьэпэр къезыхьэжьахэм зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр. АдэкIэ абы фIыщIэ тхылъхэр яритащ щIэблэр хабзэм тету, гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэу егъэсэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ IэнатIэм и лIыкIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ.
- Фэ фщыщ дэтхэнэми и мурад-хэр иIэжщ, балигъ фыхъуу щIэныгъэ зэвгъэгъуэтыну икIи къыхэфха IэщIагъэм фрилэжьэну, ауэ къемызэгъ зы лъэбакъуэ чыным, гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр къызэпыудыным фи хъуэпсапIэхэр къызэтрикъутэнкIэ мэхъу. Гъуэгум набдзэгубдзаплъэу фыщыщыт, - жаIащ спортсменхэм.
АдэкIэ къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ спортсмен цIэрыIуэхэм зыхъумэжынымкIэ я мастер-классхэм, тематикэ викторинэхэм, школым и хореографие гупым, ПДД-м теухуа уэрэдхэмрэ усэхэмрэ едэIуащ.
Махуэшхуэ зэхыхьэм кърихьэлIа дэтхэнэми Iуэху щхьэпэм и кIэу-хым иратащ абы и къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкI, жэщым уэздыгъэ нэху тридзэмэ къаблэ цIыкIуфэкIухэр икIи сурэтхэр зытрагъэхащ.
БАХЪСЭН Азэмэт.