Лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ я лъахэ

Мы гъэм илъэс 20 мэхъури, Урыскй Федерацэм ща­гъэ­лъапIэ ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэ­мысахэм ядэлажьэ Iэ­щIа­гъэлIхэмрэ я махуэр. Къэ­рал зыужьыныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ  а ­IэнатIэм и щытыкIэм иджы­ри гу лъозыгъатэ махуэшхуэщ ар, сыту жыпIэ­мэ хэкум къихъуэ щIэблэм ябгъэдэлъ гупсы­сэмрэ ­дуней еплъыкIэмрэ, яIэ гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ куэд елъытащи. А псоми я къежьапIэр сабий гъэсапIэхэращ. 

Зызыхъуэж, зызыужь зэпыт иджырей гъащIэм хуэхьэзыру, игурэ и щхьэрэ зэтелъу хуиту хэувэфын цIыху бгъэсэныр Iуэху къы­зэрыгуэкIкъым. УФ-м и Президентым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм теухуа и къэпсэлъэныгъэхэм ящыщ зым зэрыщыжиIауэ, сабий садхэр - ар унэ къудейкъым, атIэ, псом япэрауэ, цIыкI­у­хэм набдзэгубдзаплъу, елIалIэу яхущыт гъэсакIуэ гуп­хэщ. А IэнатIэм щыщыIэ щытыкIэм, гъэсакIуэхэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр зэ­фIэхыным, апхуэдэуи гъэсакIуэм и пщIэр жылагъуэм къыщыIэтыным къэрал гулъытэ дапщэщи зэригъуэт­ри нэрылъагъущ. Абы и щапхъэхэм ящыщщ 2010 гъэ лъандэрэ ди къэралым щрагъэкIуэкI «Илъэсым и гъэ­сакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэхьэзэхуэр. Зы илъэси къа­нэркъым а зэпеуэм ди лъахэм щыщ гъэсакIуэ хэмыту. Мы гъэми аращ. Абы и щIыналъэпсо Iыхьэм пашэ щыхъури кIэух зэпеуэу Волгоград къалэм щекIуэкIым ­нэсащ Налшык дэт сабий гъэсапIэ №37-м (унафэ­щIыр Писаревэ Ларисэ) и гъэсакIуэ Шэшэн Рузаннэ. Ди къэралым и щIыналъэ псоми я IэщIагъэлI нэхъыфIхэр зыхэт а зэпеуэм щытекIуахэм я цIэхэр къы­щраIуэнур а IэщIагъэм ирилажьэхэм я махуэшхуэращ - фокIадэм и 27-м. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым мы зэманым щолажьэ зи школ кIуэгъуэ нэмысахэм егъэджэныгъэ программэ хэхам тету ядэлажьэ гъэсапIэ 200-м щIигъу. Абыхэм щолажьэ гъэсакIуэ мини­щым нэс. ДрогуфIэ икIи дрогушхуэ зи лэжьыгъэм хьэлэлу пэрыт гъэсакIуэ IэкIуэ­лъакIуэ куэд абыхэм зэрахэтым. ЦIыкIухэм я дуней еплъыкIэм, гупсысэм нэхъри зегъэужьыным, абыхэм я дэтхэнэ махуэри IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэмкIэ гъэн­щIауэ ирегъэхьэ­кIы­ным, нэхъыжьыфIхэм я ­щапхъэр гъуэгугъэлъагъуэ яхуэ­щIыным гулъытэ хэха щигъуэт сабий гъэсапIэхэм ящыщщ Налшык дэт прогимназие №65-р (унафэ­щIыр Багъэтыр Ларисэщ). Апхуэдэу IуэхущIапIэм екIуа­лIэ сабийхэм я адэ-анэхэр хуабжьу зыхуэарэзы лэжьакIуэхэм ящыщщ «Батыр» гупым щыIэхэу Ует Тамарэ, Дзэмыхь Аринэ, НафIэдз Анетэ сымэ. Адэ-анэхэм зэ­рыжаIэмкIэ, зи лэжьыгъэр къызыхуэтыншэу, ныкъуса­ныгъэншэу езыхьэкI а бзылъхугъэхэр езыхэр быны­фIэхэщи, я бын дыдэхэм хуэдэу гуапэу яхущытщ я нэIэм щIэт гъэсэн цIыкIухэми. 
- Зыпэрыт IэнатIэм и щэху псоми щыгъуазэу, ди сабийхэм гъэсэныгъэ дахэ, пэ­щIэдзэ щIэныгъэри хэту, езыгъэгъуэтхэм ящыщщ Ует Тамарэ. ГъэсакIуэ нэхъы­жьыр илъэс 30-м нэсауэ и лэжьыгъэм пэрытми, нэры­лъагъущ ар абы зэрытемы­зэшар, япэ махуэм хуэдэу, ноби зэрищIэщыгъуэр, - жеIэ адэ-анэхэм ящыщ Степан Залинэ. - Тамарэ хуабжьу дыхуэарэзыщ. Ар гуа­пэу, щабэу яхущытщ ди бынхэм, дэтхэнэми бзэ щхьэхуэ къахуигъуэтыфу, цIыкIухэм я гумрэ я псэмрэ щыщIэхэр къыгурыIуэрэ а гурыщIэхэр фIымкIэ, дахагъэмкIэ иу­нэтIу. 
Налшык дэт педучилищэр къиухри, Тамарэ иужькIэ и щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ щыхигъэхъуащ Къэрал къу­лыкъущIапIэмкIэ центрым. Уетри и гъэсэн цIыкIухэри жы­джэру хэтщ зэпеуэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм, увы­пIэфIхэр къыщахьу. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Ует Тамарэ яхэтащ «Илъэсым и гъэсакIуэ» къэралпсо зэпеуэм и щIыпIэ Iыхьэм пашэ щыхъуа­хэм. 
Тамарэ хуэдэу садым и лэжьакIуэ жыджэрхэм халъытэ Дзэмыхь Арини. Къэралпсо зэпеуэм щы­хэтам, Аринэ къыхуагъэфэщащ «Лэжьыгъэм еплъы­кIэщIэхэр хэзылъхьэ гъэсакIуэ», «Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и гъэсакIуэ нэхъыфI» цIэ лъапIэхэр. Мы зэманым Дзэмыхьыр ехъулIэныгъэ лъагэхэр зыIэригъэхьэу щолажьэ прогимназием. 
А гъэсакIуэ Iэзэхэм я ­гъусэу, я дэIэпыкъуэгъуу «Батыр» гупым екIуалIэ сабийхэм гурэ псэкIэ ядолажьэ НафIэдз Анетэ. ­КъБКъУ-м щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэзыгъэгъуэта бзылъхугъэр цIыкIухэм яхэтщ, яхуэгуапэу, яхуэнаб­дзэгубдзаплъэу. Адэ-анэхэм зэрыжаIэмкIэ, махуэгъэп­сым къыщыхэгъэбелджы­лыкIа зы махуэщIи къанэркъым гъэсакIуэхэм гулъытэ хуамыщIу, я нэIэм щIэт сабийхэр екIуу зыхэт, хьэщIэ­хэр къызрагъэблагъэ зэIущIэхэр ирамыгъэкIуэкIыу. Псом нэхърэ нэхъыщхьэ­ращи, а бзылъхугъэ гуа­кIуэхэм я нэгум къощ са­бийхэр фIыуэ зэралъагъур. Аращ ахэр апхуэдэу псэ зэ­IухакIэ цIыкIухэм щIахэтыф­ри. 
Зи щIэныгъэри зэфIэкIри щIэблэр гъэсэным тезыухуа а цIыху псэ къабзэхэми ­махуэшхуэр зи IэщIагъэм епха адрей гъэсакIуэ псоми дохъуэхъу. Я гъэсэнхэм яхуэгъэза лъагъуныгъэкIэ гъэн­щIа я дэтхэнэ махуэми пщIэрэ гулъытэрэ къахуихьыжыну, я мурадыфIхэмрэ хъуэпсапIэ нэхуэхэмрэ къайхъулIэну ди гуапэщ. 

КЪАРДЭН Маритэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз