УзыIэпызышэ зэхэшэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиоте­кэм и лъахэхутэ къудамэм зэхыхьэ гъэ­щIэгъуэн ще­кIуэкIащ. «Гум и макъ» цIэр зезыхьэ клубым хэтхэм ­«Хэкум и жьыху» зыфIаща зэхуэсыр ирырагъэхьэлIащ Адыгэхэм я махуэм. ШколакIуэхэр, абыхэм я егъэджакIуэхэр, тхакIуэхэр зы­хэта зэIущIэр къызэзыгъэ­пэщари езыгъэкIуэкIари а къудамэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Безыр Ленэщ.

КъызэрекIуэкIар

ЗэIущIэр зэрызэхашэм и хъыбар щызэхэсхым, къыхэздзат: «Дэри дынакIуэ хъуну, Ленэ?» - жысIэри. «Сыт щIэ­мыхъунур? Фэ фхуэдэкъэ тхуэ­мыгъуэтыр? Дынывэджэну ди дзэр шыуэ арат, хущIэ­мыхьэмэ жытIэу», - къыдитыжащ жэуап.
«Арамэ, дынокIуэ! - жыс­-Iащ сэри. - УсакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ ­Къанкъул Раи нызоджэ».
«Анфиси жетIащи, къытхыхьэну догугъэ». «АтIэ, фIыкъэ ар!» - сыгуфIащ сэри, зи гугъу ищIыр ди лэжьэгъу, «Хьэтхэр» романыр зи IэдакъэщIэкI Фырэ Анфисэу зэ­рыщытыр къыщысщIэм.
«Сытми, мис иджы и щIэ­дзэгъуэкъэ!» хужыпIэну, ды­щIыхьащ Анфисэрэ сэрэ зи гугъу сщIы библиотекэм. 
Зэхуэсыр щекIуэкIыну пэ­шым дызэрыщIэплъэу, нэп­лъэгъуэу дызыIущIар гъэ­щIэгъуэнщ: сатыритI-щыуэ щиувыкIа школакIуэ гупым хэтхэр зыкърахрэ зэщыгуфIыкIыжу ижьымкIэ щытщ. ТхуэзанщIэу, тхылъ дапхъэ­хэм деж (иужьым щыхьэт ды­зэрытехъуамкIэ, ахэр Адыгэ­хэм я махуэм хузэхагъэуват) Къанкъул Рае щысщ, тIысыпIэ хъарзынэ къызэрыхуагъэфэщар нэрылъагъурэ къыщIы­хьэхэм къахуэтэдж-етIысэхыжу. 
СэмэгумкIэ дыплъэмэ, а псоми къебэкIыжу, школакIуэ гупышхуэ, къыпхуэмыбжын хуэдизу, щызэхэсщ, къезы­шэжьа балигъхэри я гъусэу.
ЗэхэшакIуэр утыку итыххэти, дыкъызэрилъагъуу Къанкъу­лыр здэщыIэмкIэ дишащ. Иджы щыри дызэбгъэдэст, адыгэ Iэнэ хъурей цIыкIур ди пащхьэ къитрэ ди Iэм IэщIэлъхэр тетлъхьэ хъууэ. 
Зытраухуа зэманым зэры­фIигъэкIа щымыIэу, Безыр Ленэ зэIущIэм щIригъэдзащ. 
И егъэкIуэкIыкIэм нэхъыщ­хьэу хэлъар пэшым дыщы­щIыхьэм сэмэгумкIэ щиувы­кIа, япэу дызыIуплъа школакIуэ гупым хэтхэм, щхьэж зэрызыхуигъэхьэзыра и ­лъэ­ныкъуэкIэ, и зэфIэкI къы­зэ­рыщигъэлъэгъуарщ. Зи ныбжь­кIэ зэхуэмыдэ сабий­-хэр уси къеджащ, уэрэди жаIащ, 17 - 18 лIэщIыгъуэхэм псэуа адыгэ гупсысакIуэшхуэ Къэзано­-къуэ Жэбагъы и ­псалъэ Iущ­хэри зэхыдагъэхащ. Къинэ­мы­щIауэ, утыкум тIурытIуи я ­закъуэуи зыщызыгъэзахэри къахэкIащ, адыгэ фащэ екIу­кIэ зэщыхуэпыкIарэ къэфэкIэ дахи дагъэлъа-                гъуу. 
Сытми, езы цIыкIухэми я зыкъэгъэлъэгъуэкIэм кIуэ пэт­ми нэхъ удрагъэхьэхыу, Iэ­сэлъасагъэ зэрахэлъыр къыдагъэлъагъуу утыкур ягъэбжьыфIащ, пэшым щы­зэ­хуэсахэм ди нэжэгужагъэми хэпщIыкIыу къыхагъэхъуащ. 
А махуэм зи зэфIэкI зыгъэлъэгъуа школакIуэхэм гуп зэхэшэу яIар мыбы хуэдэ Iуэхухэм зэрехъулIэмкIэ куэ­дым фIы и лъэныкъуэкIэ          къацIыхуа, Налшык дэт курыт школ №13-м адыгэбзэр ще­зыгъэдж Ды­щэкI Сонящ. А бзылъхугъэр а махуэми зэ­рыхузэфIэкIкIэ кIэ­лъыплъащ и нэIэ зытет цIыкIухэр утыкум зэгъэкIуауэ зэрыщызэде­кIуэкIам. ЩIамыдзэ ипи, щы­зэпагъэухэм дежи, щIызэ­хыхьа Iуэхум - Адыгэ­хэм я ­махуэм - хуэгъэ­зауэ псалъэ дахэ зэрыщыжиIари къыхэгъэщыпхъэу къыдолъытэ. ЩIэ­сахэм тщыщу зыгуэр къыщыпсалъэкIэ, пэ­шы­шхуэм бадзэ щымы­дымым хуэдэти, ари дызыгъэгуфIэт… 

Ди псэлъэгъухэр

ЗэIущIэм зэрызыхуагъэ­хьэ­зыра щIыкIэм теухуауэ пса­лъитI-щы къыджиIэну делъэIуащ абы и зэхэшакIуэ ­Безыр Ленэ: 
- Нобэ дызыхэвгъэплъам щIэ­дзапIэ хуэхъуам и гугъу къытхуэщIыт.
- Япэхэми хуэдэу, ноби ди деж къэкIуащ Налшык дэт курыт школ №11, 13, 15-хэм щеджэ цIыкIухэмрэ абыхэм я гъэсакIуэ-егъэджакIуэхэмрэ. - Адыгэхэм я махуэм иредгъэхьэлIа зэ­хыхьэм, фэри гу зэрылъыфтащи, ди лъэпкъым щыщу ­дунейпсо щэнхабзэм, щIэныгъэм, гъащIэм и унэ­тIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм хэлъ­хьэныгъэфI хуэзы­щIахэм я ­гугъу щытщIащ, ди щэнхабзэм, тхыдэм ехьэлIа напэ­кIуэцIхэми дыщытеп­сэ­лъы­хьащ. 
- Пэжщ, Ленэ. А Iуэхугъуэ­хэм ятеухуа дапхъэхэр зэры­зэхэвгъэува щIыкIэри догъэщIагъуэ. 
- Адыгэбзэмрэ адыгэ ли­тературэмрэ фIыуэ зылъагъу­хэм папщIэ «Гум и макъ» зыфIэтща клубым хэтхэм Адыгэхэм ди махуэм хуэдгъэфэща дапхъэхэр къызэдгъэпэщащ, еджакIуэ цIыкIу­хэми, студентхэми, арыххэу ди деж къыщIыхьэхэми зрагъэ­лъагъуфын хуэдэу. «Адыгэ­хэр: дыгъуасэ, нобэ, пщэдей» зыфIэтща тегъэувапIэр Iыхьищу: «Къэрал, по­литикэ лэжьа­кIуэхэр», «Адыгэ тхакIуэхэр», «Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ» псалъэхэмкIэ зэщхьэщытхащ. ЕтIуанэр «Лъэпкъым хуэфащэ бзылъ­хугъэ» жыхуиIэрщ. Ар дэ тедухуащ КъБР-м щIэныгъэ­хэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, адыгэ узэщIакIуэхэм ятеухуа тхы­лъыр зи IэдакъэщIэкI Хьэщ­хъуэжь Рае къы­зэралъхурэ илъэс 90 зэ­рыхъуам. Ещанэ дапхъэр иредгъэхьэлIащ уса­кIуэ, ли­тературэдж Iэзэ Къэ­жэр Хьэмид къызэралъху­рэ илъэс ­85-рэ зэрырикъуам. Интер­не­тым къыщызэIутха напэ­кIуэцIми абыхэм ятеду­хуа ­материалхэр къитлъхьащ. 
ЕкIуэкIа Iуэхур къызэры­щыхъуам тедгъэпсэлъыхьыну дэ зэIущIэ нэужьым зыхуэдгъэзащ «Шыхулъагъуэ» ли­тературэ зэгухьэныгъэм хэт, усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, хьэрычэтыщIэ Къанкъул Рае: 
- Мы IуэхущIапIэм щызэ­хашэ зэхыхьэхэм ящыщу илъэс ныкъуэ ипэкIэ ирагъэ­кIуэкIам, Адыгэ тхыбзэм и ­махуэм ирырагъэхьэлIам, уэ­ри сэри дызэдыхэтат. Иджы­рейм и зэхэшэкIэр адрейм сыткIэ къыщхьэ­щы­кIыу къэп­лъытэрэ?
- Нобэрейр нэхъри нэхъ ­зэгъэкIуауэ ирагъэкIуэкIауэ собж. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мыбдежым цIыкIухэр усэ ­къыщеджащ, псалъэжьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, уэрэдхэр щыжаIащ, сабийхэм я зэфIэкIыр, бзэм зэрыхуэ­шэ­рыуэр къыщагъэлъэгъуащ. ЕгъэджакIуэхэри узэщIарэ гъэхуауэ сабийхэм зэрадэ­ла­жьэм нэхъри щыхьэт дыте­хъуащ.
- И егъэкIуэкIыкIэр нэхъри егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ сыт дыщIагъужамэ нэхъ ­къэпщтэнт, Рае?
- Зыкъыщызыгъэлъэгъуа­хэм я утыку итыкIэр, адыгэбзэм я гъэIукIэр къазэрыщы­хъуа-сытхэм я гугъу щащIу, адрей курыт еджапIэхэм ­къикIа цIыкIухэри къыщызгъэпсэлъэнт. Дауэ хъуми, зэхыхьэм и зэхэшэкIэм сы­щыгуфIыкIащ. И къызэгъэпэщакIуэри а Iуэхум зэрыхуэ­Iэзэр нэхъри ди фIэщ хъуащ. Адыгэбзэм езы цIыкIухэр зэ­рыхущытыр, ар нэхъыфIу зэрызрагъэщIэ­ным зэрыхущIэкъур дагъэ­лъэгъуащ... 

Зыгъэхьэзырар
КЪУМАХУЭ  Аслъэнщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз