ФОКIАДЭМ И 23-Р ТХЬЭШХУЭГУХЬЭЖЩ

Нобэ Тхьэшхуэгухьэжщ - гъэрэ щIырэ щызэхыхьэжщ. Нобэ бэвыгъуэ махуэщ - гъавэхэплъэгъуэщ, тхьэгъуэлIыгъуэшхуэщ. АдакъэщIэ-хущIэ-пIастэ Iэнэ къэщтэгъуэщ, нэхъыжьхэр гъавэм щехъуэхъущ, щызэхъуэхъужщ, гуэнаплъэурэ я дзыхь щызэрагъэзщ.

Адыгэхэр дунейм тет лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Илъэс мин бжыгъэхэм къыщынэркъым абыхэм я тхыдэм,  хабзэм я лъабжьэр къыщежьар. Абы зэман блэкIа куэдым я нэпкъыжьэ телъщ. Ар уи фIэщ хъун щхьэкIэ ирикъунщ адыгэбзэм и къулеягъыр, абы хэт фIэщыгъэхэм я къэхъукIэм и гъэщIэгъуэнагъыр.

Ещхьыркъабзэщ адыгэ хабзэм цIыхум я зэхущытыкIэ дахэхэр зэрызэригъакIуэр, дунеймрэ цIыхумрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр ди хабзэхэмрэ лъэпкъ нэщэнэхэмрэ къызэрыхэщыр.

Апхуэдэу дыкъэзыхъуреихь щIыуэпсым и щытыкIэ зэхуэмыдэхэмрэ абыхэм яIэ плъыфэ зэмыщхьхэмрэ игу ириубыдэкIэрэ, дунейм хуэIэзэ хъууэрэ, цIыхум бгъэдэлъ щIэныгъэм зригъэузэщIырт. Нэхъыбэу абы гулъытэ зыхуищIыр дуней къэхъукъащIэхэрат. Мэкъумэш щIэным зи гъащIэр теухуауэ щыт адыгэхэм абы ехьэлIа Iуэхугъуэ псоми зрагъэужьырт. Iэщым хэтым, Iэщ зезыхуэм - абы и пIалъэ ищIэрт. Ар IупщIу щынэрылъагъущ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къыддекIуэкI хабзэхэмрэ зетхьэ лъэпкъ хьэлымрэ. Абыхэм хеубыдэ ди махуэрыбжэри.

ЯпэщIыкIэ адыгэм илъэсыр IыхьитIу дгуэшу щытагъэнущ - гъэрэ щIырэ е гъэмахуэ пIалъэрэ щIымахуэ пIалъэрэ. Абы и щыхьэту къыщIэкIынщ нобэ ди гъащIэм хэт псалъэуха «Гъэрэ щIырэ зэхэкIащ» жыхуиIэр. Нэхъ иужьыIуэкIэ илъэсыр пIалъиплIу ягуэш хъуащ: гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ. Мыбы дэтхэнэ зыми мазэ щырыщ яубыдырт. Мазэм махуэ 30, ауэ щыхъукIэ, илъэсым махуэ 360-рэ къриубыдэу апхуэдэт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, илъэс къэс махуэ зытхух къыдидзэрт. Ахэр адыгэхэм тхьэлъэIу махуэхэу ялъытэу щытащ. Апхуэдэ тхьэлъэIу махуэхэм ящыщт гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуищыр, IутIыж, вакIуэдэкI, вакIуэихьэж, удзыпсзэутх, гъубжэдэх, Созэрэщ и тхьэлъэIу, Тхьэшхуэгухьэж, Хъуромэ махуэхэр, нэгъуэщIхэри.
Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ адыгэхэм (абыхэм я закъуэкъым) ипэкIэ зэманыр апхуэдизу зэпэлъытауэ, мы Iуэхур мы махуэм, мы сыхьэтым, мы дакъикъэм техуэу щытын хуейщ, жаIэу зэрыщымытар. Ауэ, шэч хэмылъу, дунейм и щытыкIэм хуэнабдзэгубдзаплъэт.

Тхьэшхуэгухьэж тхьэлъэIур мы гъэм фокIадэм и 23-м тохуэ. Пасэрей зэманым жылэм дэсыр зэхыхьэрэ тхьэлъэIушхуэ ящIу щытащ, гъэм берычэту къахэхъуам щхьэкIэ Тхьэшхуэм фIыщIэ хуащIу. ТхьэлъэIур щекIуэкIыну щIыпIэм деж цIыхухэр пщэдджыжым жьыуэ щызэхыхьэрт. Нэгумэ Шорэ мыпхуэдэу етхыж: «Бжьыхьэм, гъавэр щызэщIакъуэжа махуэм къыкIэлъыкIуэм щегъэжьауэ адыгэхэм я тхьэлъэIушхуэт. Тхьэшхуэгухьэжым ехьэлIауэ хъуэхъу яIэт абыхэм. Тхьэм елъэIуа нэужь, ефэ-ешхэ къызэIуахырт, джэгу зэхашэрт, я нэгу зрагъэужьырт».

Тхьэшхуэгухьэжыр зэрекIуэкIыр зы махуэт, абы къыхэкIыуи, къафэр ягъэмащIэт. Ауэ джэгукIэхэмрэ зэпеуэхэмрэ ягъэкуэдт, дауэдапщэхэри нэгузыжьу екIуэкIырт. Псом хуэмыдэу къахуэгъэсыртэкъым Тхьэшхуэм и цIэкIэ зэхашэ уджыр - «Тхьэшхуэуджыр». 

ТАМБИЙ Гуащэмахуэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз