НЭХУМ НЭХЪ ПСЫНЩIЭ ЩЫIЭКЪЫМ

Языныкъуэхэм яцIыхур машинэхэр, кхъухьлъатэхэр, поездхэр щызекIуэкIэ къагъэлъагъуэ псынщIагъэрщ. Ар ирехъу сыхьэтым километри 190-рэ, 300, 800 зыкIухэр арами. ЦIыхум иухуа техникэр къапщтэмэ, нэхъ псынщIэ дыдэу лъатэр Х-15 жыхуаIэ кхъухьлъатэ-тIасхъэщIэхырщ. Абы зы сыхьэтым километр 7273-рэ зэпечыф! Ауэ хьэршым щыIэщ алъандэрэ щIэныгъэлIхэм яджа псоми я щхьэж къакIуэ псынщIагъэ…

Курыт школым физикэр фIыуэ зыджахэм ящIэ ар зищIысыр. Нэхум и псынщIагъэ жыхуаIэм нэхъ псынщIэ ицIыхуркъым цIыхум. Ар зы секундым къриубыдэу километр 300000-кIэ макIуэ. Зы сыхьэтым - километр 1080000000-рэ! Сыт-тIэ, нэхур зищIысыр? Сыт абы теухуауэ цIыхум къитIэщIар?
Дыгъэм къидз нэхур ЩIым дакъикъи 8-рэ секунд 17-кIэ къос. ЩIым деж къыщыщIэдзауэ, Мазэм нэс нэхур зы секундкIэ макIуэ! Ауэ, Дыгъэм къищынэмыщIа, нэхъ гъунэгъу дыдэу Iэхэлъахэм ит вагъуэм нэхур илъэси 4-кIэ кIуэнущ, зы секундым километр 300000 гъуэгуанэ икIуу, апхуэдизкIэ тпэжыжьэщ вагъуэхэри. Аращ хьэршыр зыдж щIэныгъэлIхэр зэрыбжэ мардэри – нэхум и псынщIагъэр. Иджыри зэ гъэщIэгъуэн: цIыхум къихутауэ ищIэ хьэрш гъунапкъэм нэхур илъэс меларди 100-кIэ кIуэнущ, апхуэдэу инщ уахэ жыжьэри. Арами, фи фIэщ вгъэхъут адкIэжкIэ иджыри уахэм къызэрыпищэр, абы щыIэр зыми зэримыщIэр!
Езы нэхур сыт зыщIысыр жыпIэмэ, ар нэм илъэгъун хуэдэу къигъэщIауэ Дыгъэм къыпих гуащIэщ. Ар сытым дежи занщIэу едз, иIыгъ псынщIагъэри зэи ихъуэжыркъым. Нэхур удзыфэу, щIыхуу, плъыжьу щытынкIэ мэхъу, ауэ а плъыфэхэр зэхэзэрыхьауэ къыщыкIуэкIэ, сыт хуэдэ плъыфэми йоувэф. Физикхэм зэрыжаIэмкIэ, нэхум и плъыфэм елъытауэ пхужыIэнущ ар къэзыутIыпщ гуащIэ толъкъунхэр зыхуэдэри: нэхур плъыжьмэ – толъкъуныр кIыхьщ, шэкъафэмэ – кIэщIщ. 
ЩIым къыщагупсыса электроуэздыгъэри нэхум щыщщ. Япэ дыдэу лампочкэр къигупсысу, электрокъарум нэху къыпызыхар Эдисон Томасщ (1879 гъэм). ГъэщIэгъуэныращи, лампочкэм къыпих гуащIэм и проценти 10-рщ нэхур зыгъаблэр, адрей процент 90-р хуабэ мэхъуж. ИужьыIуэкIэ щIэныгъэлIхэр, дауи, яужь ихьат нэхум хьэршым щигъэлъагъуэ псынщIагъэм хуэдэ щIылъэми къыщыпахыну. Ауэ нобэр къыздэсым ар зыми къехъулIакъым. АтIэ, хуэдгъэфэщэнти, къехъулIа хуэдэу, зы секундым километр 300000 гъуэгуанэ зэпичыфу кхъухьлъатэ къагупсысауэ. Сыт абы къыщыщIынур? ЗэрыжаIэмкIэ, кхъухьлъатэри, абы ис цIыхухэри тIукIэ нэхъ цIыкIу хъунущ, зэхуишэнурэ, уеблэмэ зэманми зиублэрэкIынущ. КъищынэмыщIауэ, нэхъ псынщIэж пщIыху, кхъухьри нэхъ цIыкIу хъууэрэ бзэхынурэ, нэгъуэщI сэфэт иувэнущ.
КъыдгурымыIуэрэ зыхэдмыщIыкIыу мы щIылъэ гъащIэмрэ уахэ жыжьэм къыщыхъумрэ елъытауэ, дызыгъэпIейтей гукъеуэ куэд зыми щымыщ мэхъуж, пэжкъэ?!
 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз