Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ

Тырныауз къалэм мы зэманым щызэрагъэпэщыж республикэм и щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я нэхъ инхэм халъытэ, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмкIэ уардэунэр. «Къуажэ щIыпIэхэм зэпэщу зегъэу­жьын» къэрал программэм ипкъ­ ­иткIэ ягъэзащIэ а лэжьыгъэхэр. ­КъБР-м и Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ уардэунэр а программэм хагъэхьауэ щытащ, тырныауздэсхэм абы лъэIукIэ зыкъыхуагъэза нэужь. 

А лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкI проектым къыщыгъэлъэгъуа Iуэху­гъуэхэм ящыщщ унэшхуэм и инженер коммуникацэхэр хъуэжыныр, унащ­хьэр, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ щIэ­кIэ хъуэжыныр, унэ щIыбыр зехьэныр, унэлъащIэщIэрэ техникэкIэ къызэгъэпэщыныр, къедза щIыпIэр зыхуей хуэгъэзэныр. А лэжьыгъэ псори зэ­фIэкIыну хуагъэфащэ дызэрыт илъэсым и кIэм. 
Уардэунэр 1968 гъэм яухуауэ щы­-тащ. Проект хьэлэмэтыр зи тегъэщIапIэу ящIа унэм и кIуэцIым тхыпхъэщIыпхъэ хьэлэмэту зэхэгъэува плIанэпэ дахэхэр иIэщи, ахэр къагъэнэнущ, къагъэщIэрэщIэжынурэ. Iуэху­щIапIэм екIуалIэу щытащ Тырныауз дэта вольфрам-молибден комбинатым щылажьэ щIалэгъуалэр. Абы къыщызэгъэпэщауэ щыта гупжьейхэм я зэфIэкIхэм щыхагъахъуэрт лэ­жьа­кIуэбэм я бынхэм. Уардэунэм щы­лажьэу щыта творческэ гупхэр жы­джэру хэтащ къэралпсо щэнхабзэ зэпеуэхэм, ехъулIэныгъэфIхэр къыщахьу. 
Мы зэманми уардэунэм щолажьэ гупжьей зэмылIэужьыгъуэхэр, музейр, кинотеатрыр. Ар 2016 гъэм къызэIуа­хауэ щытащ, Москва КиномкIэ и фондыр къадэIэпыкъуу. 
КIуэкIуэ Казбек зэрыжиIамкIэ, ЩэнхабзэмкIэ уардэунэр зэрагъэпэ­щыж­мэ, абы тырныауздэсхэм къахузэIуихынущ лъэпкъ хабзэр хъу­мэнымкIэ, иджырей творческэ унэ­тIыныгъэхэм зегъэужьынымкIэ IэмалыфIхэр. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз