Псори дигъэгужьеят

Дуней щытыкIэр нэхъри зэщIоплъэ. Ди жагъуэ зэ­рыхъунщи, КъухьэпIэмрэ абы и унафэщI США-мрэ блэкIам дерс къыхахакъым.

Вашингтон и мурад нэхъыщхьэр зэрыщытауэ къо­нэж: псори и жыIэм япэкIи щIигъэтыныр, зыгуэркIэ къы­пэрыуэ дэтхэнэри ириуды­хыныр, сыт хуэдэ IэмалкIи езыр зыхуейр пхигъэкIыныр. АрщхьэкIэ ар къэралхэм ядэ­жыркъым. Абы и щыхьэтщ иджыблагъэ Африкэ Ип­-    щэм  и щыхьэр Йоханнесбург БРИКС-м (Бразилие, Урысей, Индие, Китай, ЮАР) щызэ­хуишэса зэхуэсышхуэм кърикIуахэр. ЭкономикэкIи поли­тикэкIи нэгъуэщIым и уна­-фэм щIэтыну хуэмейхэм а ­зэгухьэныгъэм зэуэ къэралих хыхьащ апхуэдэ хущIэкъуныгъэр даIыгъыу. Иджыри нэхъыбэжщ чэзур къащы­лъы­сыным пэплъэхэр. Аращи, ­дунейм кIэ щегъуэт зым и ­тепщэныгъэм. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, мы зэманым кон­тинентхэм уасэхэр щыдэзыгъэкIуей долларми и къарур мыгувэу иухынущ. АрщхьэкIэ, ипэкIэ зэрыжы­тIащи, США-р текIыркъым ­зэсам. Къызэре­мыхъулIэнур къыгурыIуэжами, Урысейр лъэ­рымыхь ищIын мурадкIэ, абы Украинэм ахъши Iэщи ­хуеутIыпщ, езым и къэрал кIуэцI Iуэхухэр яужь къри­гъанэу. Киев властыр щы­зыIыгъ бзаджэнаджэ гупыр зыхущIэкъухэм зыри къызэ­римыкIынур нэ­рылъагъу щыхъуа мы зэманым Вашингтон, хэбгъэ­зыхьмэ, нэхъыбэрэ щы­теп­сэлъыхь хъуащ «мардэ зиIэ» ядернэ зауэм. ИкIи, ­дауи, ар щекIуэкIын хуейр ­нэгъуэщI щIыпIэщ, щхьэтечу жыпIэмэ, мыгъуэр зи мыгъуа Европэрщ, езыр Iэдакъэжьауэм щIэту ар зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъын къудейщ. Ауэ ар къехъулIэну? ИкIэм-икIэ­жым абы езыми щIыналъэ иIэжщ мис а Iэщэ шынагъуэм удын ирихыфыну. Иджыблагъэ Урысейм IэщэкIэ Зэ­щIэу­зэда и Къарухэм къахыхьа «Сармат» ракетэ лIэу­жьы­гъуэ­щIэм къигъэлъ­эгъуащ США-м   абы зэ­ры­­зыщимы­хъу­мэ­жы­фы­нур. Къызэрызэрагъэпэщ­рэ нэгъуэщI щIыналъэхэм ­зауэр щезыгъэкIуэкIыу еса Штатхэр апхуэдэм хуэхьэзыркъым. Езы американхэр гужьеигъуафIэщ. Абы щыхьэт техъуэ куэд къып­хуэхьынущ, ауэ дэ зыкIэ зэ­фIэдгъэкIынщ илъэс зыкъомкIэ ипэкIэ ды­Iэбэжынщи.
…1942 гъэм мазаем и 25-м и жэщым Лос-Анджелес щып­сэухэр «зауэм» къигъэушащ. ЦIыху мелуанитI зыдэс къалэм уэздыгъэхэр къытеункIыфIащ, гыз макъым ещхь Iэуэлъауэшхуэм щIэту прожекторхэм уэгум къыщалъыхъуэрт къащхьэщыхьа кхъухь­лъатэхэр, шэхэр фийрт, кIы­фIыр ягъэнэхуу. ЦIыху ­жей­бащхъуэхэр гужьеят, здэ­кIуэнур ямыщIэжу. Унэ Ху­жьымрэ Пентагонымрэ пIащIэгъуэкIэ хъыбар ирагъэ­щIащ японхэр къазэрытеуам техуауэ. АрщхьэкIэ зэрызехьэр езыр-езыру ужьыхыжащ. Къалэм бомбэхэр дадзакъым. 
Нэхущым белджылы къэ­хъуащ зыри зыми зэрыте­мыуар. Лъэужь гуэри щыIэтэкъым. Унэхэр я пIэм итт, ­«къраудыха» кхъухьлъатэхэм я къутахуэхэр плъагъуртэкъым. Ауэ драгъэуея топы­шэхэу къещэщэхыжахэмрэ зэрыгужьеям къыхаха гуу­зымрэ цIыхуи 7-м я гъащIэр ихьащ. Жэщ псом гугъуехь­хэм хэта зауэлIхэр зэбгрыкIыжащ загъэпсэхуну. Ауэ я уна­фэщIхэр къэнащ. 
Абыхэм къапэщытт нэпцIу зэрыгъэгужьеиныр къызыхаха щхьэусыгъуэхэр Вашингтон гурагъэIуэну. ГъэщIэгъуэн къэхъуат: къалэр «щахъумат» километр мин бжыгъэкIэ япэжыжьэ бийм.
США-р Японием хы Хужьым зэрыщыпэщIэувэрэ мази­-тIым щIигъуат. А зауэм щIи­дзат американхэм хэщIыныгъэ хьэлъэ ягъуэтауэ: 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м Токио и кхъухьлъатэ флотыр ­къаруушхуэкIэ еуат Гавай ­хы­тIыгухэм щыIэ дзэ базэ иным. Япон кхъухьлъатэхэу 350-мрэ псыщIагърыкIуэ ­кхъухь псынщIэхэмрэ кхъу­хьышхуиплI щIрагъэлъэфат, «Аризона» къагъэуат, «Окла­хома» щхьэпрырагъэдзат.­ ­Адрейхэри хьэлэч ящIат. ­Американ зауэлI мини 2-м  нэс хэкIуэдат. Ды­зытеп­сэлъы­хьым щымыщми, жытIэнщи, иджыри къэс къэзылъытэ щыIэщ абы щыгъуэ къарищIар Вашингтон Токио хуимыгъэгъуауэ икIи 1945 гъэм шыщхьэуIум Хиросимэрэ ­Нагасакимрэ атом бомбэ­хэмкIэ иридза удыныр абы и жэуапу.
Тенджыз быдапIэу щыта ­Гавай хытIыгухэр япэжы­жьагъкIэ США-мрэ Япониемрэ я зэхуэдэу хы Хужьым щы­Iэщ. Абы къыхэкIыу тегу­зэвыхь ­хъуахэщ Штатхэм я хы Iуфэм Iус Лос-Анджелес къы­щ­хьэ­щыхьа шынагъуэм. Абы нэхъри хигъэхъуащ Перл-Харбор иужькIэ махуитI нэхъ дэ­мыкIыу Гитлер США-м зауэ зэрырищIылIам. Абы щы­гъуэм нэмыцэхэр Москва и деж къыщыщIагъэIакIэтэкъым, арати, къытекIуэн щы­мыIэ къарууэ къалъытэрт. Пэжщ, американ политикхэм ягухэр ягъэфIырт нацистхэм СССР-р зэуэ зэрызэхимы­къутэфам папщIэ, арщхьэкIэ ящIэрт Вашингтони къы­лъэ­Iэсыну Гитлер зэримурадыр. Нэхъ махэу зыкъигъэлъа­гъуэртэкъым Азием щызауэ Япониеми. Абы и дзэхэм Филиппинхэр, Гуамэ, Уэйк хы­тIыгухэм щыIэ американ базэхэр яубыдат.
Хъыбар Iейхэр къикIырт Лондони. Дыгъэгъазэм и 26-м японхэм Инджылызым и Гонконг колониер, мазаем и 14-м абы и къуэкIыпIэ флотыр здэ­щыIэ Сингапурыр иубыдат. Гъэр хъуат Британием и зауэлI къызэрыгуэкIхэу, офицерхэу мин 80. Къалэм къытеуа ­японхэр ар зыхъумахэм нэхъ­рэ хуэдитIкIэ нэхъ мащIэт.
ХитIым я зэхуакум дэт ­США-р иджыри къэс шына­гъуэншэу псэурт. Арати, Инджылызым къыIэщIэкIыу щхьэ­хуит зэрыхъурэ гузэвэ­гъуэр зищIысыр зымыщIа американхэр гужьеят. Псом хуэмыдэу Лос-Анджелес щып­сэухэр. Ар щхьусыгъуэн­шэтэкъым: махуитI ипэкIэ ­мазаем и 23-м хы Iуфэм ­къесылIэри япон псыщIагъы­рыкIуэ кхъухьыр щIыдагъэ ­заводым къеуат. Зыри хэкIуэдатэкъым, IуэхущIапIэм зыри къыщыщIатэкъым, арщ­хьэ­кIэ… тIасхъэщIэххэм сакъыну псори къыхураджэрт. Лос-Анджелес километри 100-кIэ ­пэгъунэгъуу зыгуэрхэр уэгум щалъэгъуауэ къащыхъуащ. Псори пэплъэрт кхъухьлъатэхэр къащхьэщыхьэным. Зы офицер епIэщIэкIащ зыхуэ­мыIыгъыжу: абы топ игъэуа иужь адрейхэр псынщIэ ды­дэу къыпэджэжащ. Мис ап­хуэдэу щIидзащ «зауэм».
Дауи, дыхьэшхэнщ а зэман дыдэм бий хьэщхьэрыIуэм лIэн-къэнэну пэщIэта совет цIыхухэм зэрахьа лIыгъэмрэ къагъэлъэгъуа бэшэчагъымрэ елъытауэ. Ахэр икIи пхузэгъэпщэнукъым. Фашист лIыукIыпIэм пIалъэ кIыхькIэ ита Ленинградрэ щIым щыщ ящIыжыну я мурада Сталинградрэ, нэгъуэщI къалэ куэдым я цIыхухэм ягъэва бэлыхьыр американхэм пщIы­хьэпIэуи ялъэгъуакъым, ауэ наIуэ къащIат апхуэдэ гъэу­нэхуныгъэ хьэлъэм къызэры­хэмыкIыфынур. Абы къыхэ­кIыу ар Пентагоным и стратегхэм къалъытэн хуейщ, Урысейм нэхъри къытегуплIэным теу­хуа мурадхэр щызэхалъ­хьэкIэ.

«Махуэкум»  и  къыдэкIыгъуэр  зыгъэхьэзырар  шал  Мухьэмэдщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.