«ХЬЭУА КЪАБЗЭ»

Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту 2023 - 2024 гъэхэм Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми щагъэзэщIэнущ «ЩIыуэпс» къэрал программэм и унэтIыныгъэ нэхъ инхэм ящыщ зыр. Ар хуэунэтIащ цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэзыгъэпэщ Iуэ­хущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр иджырей щIыуэпс ­къабзагъэ мардэхэм ткIийуэ тегъэувэным.

А къалэныр зи пщэ дэзылъхьа, Урысейм кIэлъыплъы­ныгъэмкIэ и къулыкъущIапIэм къипщытэнущ къалэ къэс,           я инагъым емылъытауэ, промышленнэ IуэхущIапIэу дэ- тыр, цIыхухэм я узыншагъэм зэран хуэхъу щыIэмэ, ахэр икIэщIыпIэкIэ ягъэзэкIуэжын хуэдэу. 
Ди къэралым щымащIэкъым промышленнэ къалэш­хуэхэр, нэхъ цIыкIухэми IуэхущIапIэ мыинхэр щагъэлажьэ. Щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIыу абыхэм ящыщ куэд экологием ехьэлIауэ щыIэ шынагъуэншагъэ мардэхэм ебэкъуэн хуей мэхъу, адэкIэ абы кърикIуэнкIэ ­хъуну псом емыгупсысу.
ЗэхъуэкIыныгъэхэр къапоплъэ газкIэ, фIамыщIкIэ лажьэ хьэкухэр зиIэхэм зэманым къемызэгъыж Iэ­мэп­сымэхэм. «Программэ Ипщэ», «Программэ Ищхъэрэ» ­фIэ­щыгъэхэм щIэту Iуэхур пIалъэ пыухыкIам тету кърахьэ­лIэнущ. 
 2022 гъэм проектыр щагъэзэщIащ къалэ 29-м. Дызыте­хьа 2023 гъэм и фокIадэ мазэм абыхэм я бжыгъэр 41-м нэсынущ. Апхуэдэу 2023 - 2024 гъэхэм къриубыдэу Уры сейм и щIыналъэ псоми пэхуэщIэр щагъэзэщIэну трау­-хуащ.
Къэрал мылъкум къыхэкIыу абы хухахащ сом меларди­щэхэр. Хьэуар зэрагъэкъэбзэну IэмэпсымэщIэхэм я сэ­бэпкIэ лэжьыгъэм трагъэкIуадэ электрокъарур зэгъэзэ хуа хъунущ, предприятэхэм я фейдэм хэхъуэнущ, ­ав­томобилхэм къапих гъуэз зэранхэр куэдкIэ нэхъ мащIэ ­хъунущ. А Iуэхум теухуауэ щIыналъэхэр щIадзауэ къы­зэ­рагъэпэщ хьэуам и къабзагъэм зэран хуэмыхъу, цIыххэр къызэрырашэкI транспорт лIэужьыгъуэщIэхэмкIэ. Ахэр яузэдынущ къалэ кIуэцIхэм щыIэ хьэуам и къабзагъэр къэзыгъэлъагъуэ IэмэпсымэхэмкIэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр къэтщтэнщи, Налшык и уэрам нэхъыщхьэхэм трагъэуващ зи гугъу ящI щIыуэпс къабза-гъэ мардэхэм тет автобусышхуэхэр. Зэрыфлъагъущи, ахэр къызэгъэпэщащ хьэуар зыгъэкъабзэ IэмэпсымэхэмкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэуам къабзагъэкIэ къыпэхъун къэгъуэтыгъуей пэтми, бизнес цIыкIумрэ ику итымрэ я ­лэ­жьэкIэхэм я лъэныкъуэкIэ гу зылъытапхъэхэри зэры­щыIэм шэч хэлъкъым.
Къабзагъэ мардэм хиубыдэр хьэуам и закъуэкъым: ­узыншагъэм зэран хуэхъу пкъыгъуэхэр, газхэр, IуэхущIапIэхэм екIуалIэ псы зрикIуэ бжьамийхэм я щытыкIэмрэ абыхэм къиж псыр зыхуэдэмрэ - а псори къызэщIиубы­дэнущ лъэныкъуэ куэдкIэ лэжьэну программэм. Абы сэбэпынагъыу цIыхум къахудэкIуэнур къызэрыплъытэ хъуну щапхъэхэщ Налшык и «Гидрометаллург», Нарт­къалэ дэта абдж заводхэр, нэгъуэщIхэри.

ЛЪОСТЭН Музэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.