ХЬЭТIОХЪУЩОКЪУЭ ИСМЭХЬИЛ Я ГЪУАЗЭУ

Урысхэм «Железная» зыфIаща бгым пэгъунэгъу псы хущхъуэхэм я гугъу урысхэм япэу яхуэзыщIар нэ дохутыр цIэрыIуэ Гааз Фридрихщ. Езым и пэ абыхэм ятетхыхьа Паллас Пётр зытепсэлъыхьа псыхэр къилъы­хъуэу, офицерхэми дохутырхэми япкърыупщIыхьыурэ ­къекIуэкIащ Гааз зыкъомрэ. Щэнейрэ Шотландием къикIа чыристан духьэшыхэм я псэупIэ Каррас къыщежьэурэ, Бещто лъэныкъуэкIэ щылъыхъуащ, ауэ игъуэтакъым.
 
«Псы хущхъуэхэр япэу къэзыгъуэтар Гаазщ» псалъэухам мащIэу ди дыхьэшхын къегъакIуэ, пэжым фыхуеймэ. Ар ещхьщ «Колумб Америкэр къызэIуихащ» жы­хуаIэм. Америкэр абдежым щымытамэ, Колумби абы кIуэнтэкъым, пэжкъэ? Апхуэдэ дыдэу, кавказ псы хущхъуэхэр ­Гааз дунейм къытехьэн ипэкIи щIыналъэм щыIащ. Индеецхэм Америкэр сытыт къыщIалъыхъуэнур? Гаази зи хъыбар и тхьэкIумэм иIуа псы хущхъуэхэм ящIэупщIэрэ пэт, урысы­дзэм хэт ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил хуэзэри, гъусэрэ ­гъуазэрэ ­къритащ. Абы иужькIэщ Гааз, Колумб ещхьу, «псы хущхъуэхэр къыщызэIуихар». Апхуэдэ дыдэу, Хьэшыр Чылар и гъуса генерал Эммануэли «Iуащхьэмахуэр къызэIуи­хащ» хужыпIэфынущ. Урысыбзэм и географ псалъалъэм щIэуэ къыхэува щIыпIэм, бгым, псыежэхым я цIэхэр тхылъхэм иратхэным щхьэусыгъуэ хуэхъуа IэщIагъэлIхэрщ иужькIэ «къызэIухакIуэ» зыфIащыжар. Аращи, Гааз фIыщIэ щIыхуэтщIыр абы зэрытетхыхьыжаращ, нэгъуэщIкъым.
«Геттинген щыщ си ныбжьэгъу профессор Блуменмах (Блуменбах Иоганн (1752-1840) - нэмыцэ анатомщ, медицинэмкIэ профессорщ, Гааз щеджа Геттинген университетым щылэжьащ. Блуменбахщ цIыху цIыкIур Кавказым къыщыхъуауэ теорие утыку къизыхьар, цIыху хужьым «кавказ расэ» фIэзыщар) зи гугъу къысхуищIа Геор­гиевск, шэрджэсхэм я щIыналъэм, сыщыIащ», - щетх Гааз 1811 гъэм Мэзкуу франджыбзэкIэ къыщыдигъэкIа «Алек­сандр и псы хущхъуэхэм сызэрыкIуар» тхылъым. - Абы и гугъэкIыжхэм мы щIыпIэхэм срагъэхъуапсэрт икIи сыщагъэшынэрт. Уэсым щIигъэна къурш сатырым ущриплъэкIэ, щхьэхуимыту пщIэ яхубощI абыхэм. Дунейр зэрыуэфI зэпытым щIым и нэ­гъуэщI кIапэ укъыщыхутауэ къыпщегъэхъу. Куэд ­щIауэ слъагъуну сызыщIэхъуэпс псы хущхъуэхэм япэ­гъунэгъу ­сыхъуащ. Александровск сыщыIэу, Георгий зи цIэ къэ­закъ гуэрым къызжиIауэ щытат ахэр Къэбэрдейм, Константи­ногорск (иджы - Псыхуабэ) деж зэрыщыIэр. Паллас и за­къуэщ Къэбэрдейм и псы хущхъуэхэм я гугъу къытхуэзыщIар. Абы лъандэрэ илъэс 17 дэкIащ. Ауэ Гюльденштедт и нэкIэ илъэгъуащ мы псыхэр уз куэдым зэрахуэщхьэпэр. Кавказым нэхъ узыхуэсакъыпхъэу ис шэрджэсхэм яIэщIэкIуэдэн шынагъуэ зэрыщыIэм хуэдэу, къу­накъ жыхуаIэ бысымхэр къагъуэтурэ, тыгъэ гуэрхэр абы-хэм къыхузэдащтэурэ, загъэхъужыну кIуэн хьэлыр иджыри цIыхухэм зыханакъым».
1810 гъэм дохутырыр Лермонтов и «Измаил-бей» поэмэмкIэ тцIыху ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил хуэзащ. Езы Гааз ар мыпхуэдэу къеIуэтэж:
 «Псори зытепсэлъыхь, ауэ зыми имылъэгъуа а псы ­хущхъуэхэр къэзгъуэтыным гугъэ хэсхыжат. Пщым (Хьэ-          тIо­хъу­щокъуэ Исмэхьил - Ч. М.) и щIыхуэшхуэ къысте­хуащ икIи хэт а псы хущхъуэхэр къигъэщхьэпэми, ардыдэр зыхищIапхъэщ, абы гъуси къысхуигъуэту езы гъуэгуанэри къызэры­зигъэхъулIам папщIэ. Псынэр Iуащхьэ лъахъшэ цIыкIум деж къыщыщIэжырт. Псыр къабзабзэщ, узэпхроплъ, мэи фэи иIэкъым, жьэ кIуэцIми лъатэм дежкIи гуа­кIуэщ, мащIэу шыугъэщ, гъущI зыхэлъ псы псоми ещхьу, Iур мащIэу егъэгъущI».
Гааз псынэм «Константиновский» фIища щхьэкIэ, цIэр абы кIэрыпщIакъым. Зыкъомрэ «Псынэ щхьэхынэкIэ» еджахэщ. ИтIанэ езы псынэми бгыми «Железный/ая» фIа­щащ. Абы и щхьэусыгъуэр псыр плъыжь улъияифэу зэ­рыщытырт.
1823 гъэм а бгы дыдэм и лъапэм деж профессор Не­любин А. П. иджыри псынибл къыщигъуэтауэ щытащ. Иджыпстуи Железнэ бгым и лъапэм деж щылъ псы хущ­хъуэ къыщIэжыпIитIым  Нелюбиным и цIэр зэрахьэ. 1964 гъэм Лермонтовыр илъэси 150-рэ щрикъум епха дауэдапщэхэр щекIуэкIым, япэ псынэм усакIуэм и цIэр фIа­щауэ щытащ.
 

КЪУДЕЙ Iэминэ .

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.