ЗЭРЫЗЭКЪУЭТЫМ И ЩАПХЪЭ

Украинэм щекIуэкI Iуэхухэм хэтыну кIуахэм хуащI гулъы­тэм хэхъуэ зэпытщ.

«Урысей зэкъуэт» партым и Жылагъуэ егъэблэгъапIэм волонтёрхэм, депутатхэм, курыт школхэмрэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэмрэ я лIыкIуэхэм ирашэлIащ дзэм къулыкъу щы­зыщIэхэм папщIэ щыгъын хуа­бэхэр, жеипIэхэр, хуабэр ­зыIыгъ алэрыбгъухэр, зэ­рыт­хьэщIэ-зэрыжьыщIэ хьэпшыпхэр, хущхъуэхэмрэ ерыскъыхэмрэ.
- «Урысей зэкъуэт» партым и егъэблэгъапIэм мыхэр щызэ­хуа­хьэсыну Iэмал зэрыщыIэм Iуэхур нэхъ тынш ещI. Ди щIалэхэм зыгуэркIэ зыщIагъэкъуэну хуейуэ гууз-лыуз яIэу Iуэхум къыхыхьа псоми фIыщIэ яхузощI. Республикэм щыпсэухэр дызэрызэкъуэтым и зы щапхъэщ нобэрей махуэр, - жиIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

 

Багъэтыр Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.