Статьи на кабардинском языке

БИОТЕХНИЕР ПСЭУЩХЬЭХЭМ Я ЩIЭГЪЭКЪУЭНЩ

ЩIыналъэ мыхьэнэ зиIэу, ди республикэм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэ дэгухэм Тхылъ Плъыжьым иратха псэущхьэ лъэпкъыгъуэу 70-м щIигъу мы лъэхъэнэм щопсэу.

АХЪШЭР ШЫГУКIЭ КЪРАШЭКIЫРТ…

Нэхъ пасэхэм Урысейм нэхъыбэу къыщагъэсэбэпу щытар жэз ахъшэрщ. Ахэр къыщIэбгъэкIыным гугъуехь пыщIатэкъым. Гугъуехь хъур жэз ахъшэхэр куэду зы щIыпIэм ипшу нэгъуэ щI щIыпIэ нэбгъэсын папщIэ шыгу зэщIэщIахэм узэрыхуейрт, ахэр зыхъумэни ядэщIыгъужу.

УРЫСЕЙМ МУЗЕЙХЭР КЪЫЗЭРЫЩЫУНЭХУАР

Урысейм и япэ музейр КунсткамерэкIэ зэджэрщ. Ар Пётр I иригъэухуащ 1714 гъэм. Нэмыцэбзэм къипхмэ, «Кунсткамерэ» псалъэм къокI «гъуазджэхэм я пэш» жиIэу. Апхуэдэ музейхэмкIэ Европэр ерыщт XVI – нэ лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ. Ахэр яухуэрт щIэныгъэлIхэм, тхакIуэхэм, гъуазджэм и цIыхухэм. Музейхэм щахъумэрт пасэрей хьэпшыпхэр, мывэ лIэужьыгъуэ зэхуэмыдэхэр, гъуазджэм щыщ хьэпшыпхэр.

УЭР ШЫНАГЪУЭУ КЪЫЩЕХКIЭ…

Уэр, уэшхми ещхьу, къешх-къес лIэужьыгъуэхэм ящыщщ. Нэхъыбэр хъурейуэ къох, ауэ плъыфэ гъэщIэгъуэнхэр щаIи щыIэщ. Пшэхэм уэ къыхохъукI псыIагъэр дийуэрэ, щтыуэрэ. ЩыдийкIэ, ткIуэпсхэр зэжьэхэуэурэ зэкIэрощтхьэ. Нэхъыбэу зэкIэрыщтыхьэху, уэр нэхъ ин мэхъу. Нэхъыбэм уэр зэрыхэхъуэр миллиметр зыбжанэщ. Ар нэхъри ин хъун папщIэ къызэрымыкIуэ жьапщэшхуэм хиубыдэн хуейщ.

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ ПЦIАЩХЪУЭХЭР

И кIэр дыкъуакъуэу бзу цIыкIухэр уэгум куэдрэ иболъагъуэ. Абыхэм абгъуэ щаухуэкIэ я IэпщIэлъэпщIагъри умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Я уэрэд къишыкIэми нэжэгужэ уащI. ПцIащхъуэхэм дэ ядэтлъагъум нэмыщI телъыджэ куэд хэлъщ я теплъэми я хьэлми, я ухуэкIэми:

КIУЭДЫЖЫПЭНКIЭ ШЫНАГЪУЭЩ

Къурш бжэныр зэ зылъэгъуам абы и теплъэр щыгъупщэжынкъым. Езыр инкъым, и лъагагъыр сантиметр 65 - 70, и кIыхьагъыр сантиметри 125 - 135, и хьэлъагъыр килограмм 32 - 36-м нос. И пкъым зыри лейуэ кIэрылъкъым. ЦIыхур дихьэхын, и дахагъэр иригъэгъэщIэгъуэн папщIэ къигъэщIа хуэдэщ ар.

ЛЪЭСЫРЫКIУЭНЫР ТЕДГЪАКIУЭУ

Кавказ КъухьэпIэ дахащэм и адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ ирикIуэныр фIыуэ зылъагъухэм ди гъуэгуанэм пыдощэ.

ИДЖЫРЕЙ МАРДЭХЭМ ТЕТУ ЗРАГЪЭУЖЬЫНУЩ

Урысей Федерацэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Бахъсэн и псыхъуащхьэхэмкIэ щыIэ Адылсу къуэ бгъунжым дэт «Шхельдэ» егъэзыпIэм журналистхэм драгъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм адэкIи зегъэужьыным хуэгъэзауэ зыхуагъэувыжа къалэнхэр зыхуэдэм.

ТХЫЛЪЫР ЗИ IЭПЭГЪУ ЩIЭБЛЭ

Налшык къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ и проспектым тет къалэ библиотекэр иджырей мардэхэм тету зэрагъэпэщыжри IэмэпсымэщIэхэр щагъэуващ, щIэлъ тхылъхэм я бжыгъэми къыхагъэхъуащ. Къалэ библиотекэр зэрырагъэфIэкIуам, абы нобэ иIэ щIэупщIэм тедгъэпсэлъыхьыну IуэхущIапIэм и унафэщI Бажэ Iэминэ зыхуэдгъэзащи, къыджиIахэм ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.

АДЫГЭ ЩIЫПIЭЦIЭХЭР

Къуацэгъур (Къуацэ хъурей - Коцехур, Кецехур)

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке