|
ПIАЛЪЭКIЭ ЛЪЭМЫЖ ТРАЛЪХЬЭ
31 января, 2022 - 06:30
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ «Кавказ» Р-217-нэ гъуэгум Шэджэм псым пIалъэкIэ щытралъхьэ лъэмыжыщIэр. Ар гъуэгум автомашинэхэр щызэтримыхьэн папщIэ яухуэ икIи зэман гъунэгъум яухынущ.
Шэджэм псым телъа лъэмыжышхуэр зэрагъэпэщыжыху гъуэгурыкIуэхэр къызэтемыгъэувыIэным и хэкIыпIэщ ар. Шэч хэлъкъым куэд дыдэ абы зэрыщыгуфIыкIынуми.
Жьы хъуа лъэмыжыр мардэ псоми изагъэу, метриткIэ нэхъ бгъуэуэ ящIыжыну я мурадщ. Дауи, абы мылъкурэ къарууэ текIуэдэнур мащIэкъым.
Гъуэгум и 443-нэ километрым деж телъ ижьырабгъу лъэмыжыр 2022 гъэм и фокIадэм яухынущ.
Дохъушокъуэ Синэ.
|
11.05.2024 - 12:25 Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунщ литературэр математикэм, социологием, физикэм, экономикэм, биологием, нэгъуэщI щIэныгъэхэми зыкIи емыпхауэ. |
|
11.05.2024 - 09:03 Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Прохладнэ щIыналъэм и Приближнэ къуажэм зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр щрагъаджэу дэт школ-интернат №2-м и гъэсэн цIыкIухэр къыщыхэжаныкIащ Сочи къалэм и «Сириус» фед |
|
11.05.2024 - 09:03 ТекIуэныгъэм и махуэ къэблэгъам пежьэри, Кэнжэ къуажэм иджыблагъэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту 113-рэ. |
|
10.05.2024 - 12:25 ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ. |
|
10.05.2024 - 09:03 2024 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтащ хабзэщIэм - зи пIалъэр икIа, жьы хъуа гъэшхэкIхэр, псыхэкIхэр тыкуэнышхуэхэм я кассэхэм дяпэкIэ щыпхагъэкIынукъым. |
|