|
ГЪАТХЭ ЗЭХУЭСЫГЪУЭМ И ЯПЭ ЗЭIУЩIЭМ
30 января, 2022 - 06:30
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иригъэкIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху IэнатIэм и гъатхэ сессием и япэ зэIущIэр.
Аруан щIыналъэм и суд IуэхущIапIэ №2-м и зэзыгъэкIуж судья къулыкъум пэрагъэуващ Ашэбокъуэ Рашид, Налшык и суд IуэхущIапIэ №17-м - Мэлыхъуэ Эммэ, Шэджэм суд IуэхущIапIэ №1-м - Мырзэкъан Маринэ, Налшык суд IуэхущIапIэ №16-м - Шорман Аллэ.
Пенсэ ныбжьым зэрынэсам къыхэкIыу, КъБР-м и Къэзыбж-къэзыпщытэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэ къулыкъум трагъэкIащ Сарбашевэ ФатIимэ.
ЗэIущIэм еджэгъуитIу къыщащтащ «Iэщ зехуэным теухуауэ» КъБР-м и законым и Iыхьэ щхьэхуэхэм къару ямыIэжу къэлъытэнымкIэ, «Ветеринарием и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и 1-нэ, 10-нэ Iыхьэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымкIэ проектхэр. Ахэр къигъэлъэгъуащ КъБР-м и Парламентым щIы IуэхухэмкIэ, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым.
КъБР-м къалэ ухуэныгъэхэмкIэ и законым зэхъуэкIыныгъэхэр егъэгъуэтыным теухуа проектыр къыхилъхьащ КъБР-м и Правительствэм. ЗэIущIэм ар еджэгъуитIу къыщащтащ. Проектым теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим. Проектым къыщыгъэлъэгъуащ УФ-м УхуэныгъэхэмкIэ и кодексым игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм япкъ иткIэ, КъБР-м и законым и 18-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэмрэ 22-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэмрэ къару ямыIэжу къэлъытэн хуейуэ.
Депутатхэм къащтащ республикэм и цIыхухэм я псэукIэр езыгъэфIэкIуэну Iуэху щхьэхуэм папщIэ зэдэарэзыуэ цIыху бжыгъэ пыухыкIам ахъшэ зэхалъхьэн хуей хъумэ, къуажэ, къалэ щхьэхуэхэм щыпсэухэр щызэхуэс хъуну щIыпIэхэр, хабзэхэр убзыхуным теухуа проектыр. Ар къыхилъхьащ КъБР-м и Парламентым ЗаконодательствэмкIэ, къэрал ухуэкIэмрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и комитетым. Абы и унафэщI Мэлбахъуэ Борис зэрыжиIамкIэ, цIыхуипщI мынэхъмащIэм къыхалъхьэ жэрдэмым теухуауэ муниципалитетым и унафэщIхэм зэхуэсым и мардэхэр ягъэбелджылын хуейщ. Законопроектым и щхьэхуэныгъэхэм ящыщщ мылъку щIызэхалъхьэ Iуэхум и зэран къуажэм е къалэм щыпсэу нэгъуэщI цIыхухэм емыгъэкIыныр.
УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор Ульбашев Мухьэрбий тепсэлъыхьащ 2021 гъэм и бжьыхьэ сессием ялэжьахэм. ЗэIущIэм хэтхэр щигъэгъуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и экономикэр, республикэм и цIыхухэм я псэукIэр ефIэкIуэн папщIэ илэжьхэм, хабзэубзыху IуэхущIафэу иригъэкIуэкIхэм, нэгъуэщIхэми.
Егоровэ Татьянэ сенаторым фIыщIэ хуищIащ республикэм дежкIэ щхьэпэ Iуэхухэр зэрилэжьым, Парламентым сытым дежи къызэрыпыщIам папщIэ.
«КъБР-м и Парламентым и депутатым и статусым и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и 6-нэ статьям зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ.
Политикэ партхэм ятеухуа федеральнэ законым къызэригъэу-вымкIэ, КъБР-м и Парламентым и япэ зэIущIэм хэтыну хуитт Парламентым къыщымыгъэлъэгъуа парт щхьэхуэхэр. Политикэ партхэм а Iэмалыр къагъэсэбэпакъым.
Гугъуэт Заремэ.
|
12.05.2024 - 09:03 КъБР-м и Сабий, щIалэгъуалэ творчествэ унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ урысейпсо зэIущIэ. |
|
11.05.2024 - 12:25 Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунщ литературэр математикэм, социологием, физикэм, экономикэм, биологием, нэгъуэщI щIэныгъэхэми зыкIи емыпхауэ. |
|
11.05.2024 - 09:03 Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Прохладнэ щIыналъэм и Приближнэ къуажэм зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр щрагъаджэу дэт школ-интернат №2-м и гъэсэн цIыкIухэр къыщыхэжаныкIащ Сочи къалэм и «Сириус» фед |
|
11.05.2024 - 09:03 ТекIуэныгъэм и махуэ къэблэгъам пежьэри, Кэнжэ къуажэм иджыблагъэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту 113-рэ. |
|
10.05.2024 - 12:25 ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ. |
|